Уэрэд 60
60
60-нэ Уэрэд
Тхьэр си щхьэегъэзыпӀэщ
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ.
Бзэпс зэрылъ пшынэкӀэ дожьу.
Даут и уэрэд
2Къызэхэх, Зиусхьэн, си гукъеуэ макъ,
къедэӀу си тхьэлъэӀум!
3ЩӀыгум и гъунэ сыщыӀэу,
нэщхъеягъуэм сыхэту,
сыноджэ:
сыдэш абрэмывэу
сэ сыздынэсын слъэмыкӀынум;
4сыту жыпӀэмэ Уэращ си щхьэегъэзыпӀэр,
Уэращ си бийхэмкӀэ
быдапӀэ лъэщу сэ сиӀэр.
5ИгъащӀэкӀэ сыщрепсэу уи унэшхуэм,
Уи дамэ щӀагъым
щхьэегъэзыпӀэ сыщреӀэ.
6Сыту жыпӀэмэ Уэ, ди Тхьэ,
псалъэу уэстар зэхэпхащ,
уи цӀэм фӀэлӀыкӀ хузиӀэхэм
ягъуэт ӀыхьэфӀыр сэри къызэптащ.
7Пащтыхьым и махуэм
махуэхэр къыпыщэ;
абы и илъэсхэр кӀыхь ящыщӀ
щӀэблэ къэкӀуэнухэм.
8Тхьэм къихъумэу
ар и тахътэм трес игъащӀэкӀэ;
лъагъунэгъэ мыкӀуэдыжымрэ
щыпкъагъэмрэ кърехъумэ ар.
9Псалъэу уэстахэр сыт махуи
сэри согъэпэж,
уи цӀэм уэрэдкӀэ щӀыхь хузощӀ.
Currently Selected:
Уэрэд 60: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017