YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 58

58
58-нэ Уэрэд
Къэхъумэным папщӀэ тхьэлъэӀу
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «СумыгъэкӀуэд» мэкъамэр щӀэлъэу ягъэӀу. Даут иукӀын папщӀэ, Шаул ар къэрэгъулыну и унэм щигъэкӀуам щыгъуэ Даут иуса уэрэд
2СаӀэщӀэхыж си бийхэм, си Тхьэ!
Сащыхъумэ къыспэувхэм!
3СаӀэщӀэхыж бзаджащӀэхэм;
лъым щӀэнэцӀхэм саӀэщӀэхыж.
4Сыту жыпӀэмэ ахэр къощэ си псэм;
цӀыху мэхъаджэхэр зэкъуэтщ,
къыстебэнэнхэу ягу илъу;
хабзэншагъэкӀэ сыпсэуауэ,
гуэныхь злэжьауэ аракъым, Зиусхьэн;
5лажьэ симыӀэми,
зэрыгъэугъуеяуэ, загъэхьэзыр къызэзэуэнхэу;
укъыздэӀэпыкъуну къэтэдж, сыкъэлъагъу.
6Уэращ Зиусхьэныр, лъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Тхьэр,
Уэращ Израилым и Тхьэр,
хамэ лъэпкъхэр бгъэпшынэну къэтэдж,
уащымысхь къумал гъэпцӀакӀуэхэм.
7Ахэр пщыхьэщхьэкӀэ къокӀуж,
хьэхэм хуэдэу пщӀэууэ,
къалэ гъунэхэм къыщаджэдыхь.
8Убэ псалъэхэр къытраупцӀэ
абыхэм я жьэкӀэ;
я бзэгухэр джатэм хуэдэщ,
сыту жыпӀэмэ иогупсыс:
«Хэт дызэхэзыхыр?»
9ауэ Уэ, Зиусхьэн, абыхэм уащодыхьэшх,
хамэ лъэпкъхэр псори мыскъарэ уощӀ.
10Уэращ гуащӀэ къызэзытыр;
Уэращ сызэплъынур,
сыту жыпӀэмэ Уэ, ди Тхьэ,
быдапӀэу узиӀэщ.
11Лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж къысхузиӀэ
си Тхьэр къыздеӀэнщ;
си бийхэм ятекӀуауэ
Тхьэм сигъэлъагъунщ.
12Уащымысхь абыхэм, ауэ умыгъэкӀуэдыпэ,
си цӀыху лъэпкъым ящымыгъупщэнхэу;
икъухь унэншэу;
уи гуащӀэкӀэ къедзых,
Зиусхьэну ди мэӀуху.
13Я жьэм къыжьэдэкӀ гуэныхьым папщӀэ,
я Ӏупэм телъ псалъэхэм папщӀэ
абыхэм я пагагъэр еудых.
Зэрыубэм, пцӀы зэраупсым папщӀэ
14яхуэгубжьи, гъэкӀуэд,
гъэкӀуэд щымыӀэжынхэу;
щӀыгу гъунэхэм нэсуи
Израилым и Тхьэм
тепщэныгъэ зэрахуиӀэр ирещӀэ.
15Ахэр пщыхьэщхьэкӀэ къокӀуэж,
хьэхэм хуэдэу пщӀэууэ,
Къалэ гъунэхэм къыщаджэдыхь.
16Къегъаджэдыхь, яшхыным лъыхъуэу,
яшхын щамыгъуэткӀэ мэгъуахъуэ.
17Нэхущым щегъэжьауэ
уи гуащӀэм и щӀыхь уэрэд жысӀэнщ,
уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым и уэрэд;
сыту жыпӀэмэ гузэвэгъуэ сыщыхэт махуэм
Уэращ сэ быдапӀэуи щхьэегъэзыпӀэуи сиӀар.
18Уэращ гуащӀэ сэ къызэзытыр!
ЩӀыхь уэрэд пхужысӀэнщ,
сыту жыпӀэмэ Уэращ, ди Тхьэ, быдапӀэу сиӀэр,
Уэращ Тхьэуэ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж
къысхуэзыщӀыр.

Currently Selected:

Уэрэд 58: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in