YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 57

57
57-нэ Уэрэд
Дунейм и хьэкумыщӀэхэм хеящӀэ яхуэхъунур
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «СумыгъэкӀуэд» макъамэр щӀэлъу ягъэӀу. Даут и уэрэд
2Фэ, зиусхьэн лъэщхэ#57:2 зиусхьэн лъэщхэ – евреибзэкӀэ «тхьэхэ».,
Щыпкъагъэм тету къэфӀэта Ӏуэхухэр,
хьэкумри захуагъэкӀэ ятефщӀыхьа
цӀыхум я бынхэм?
3Хьэуэ, щывохъумэ
фэ фигухэм мызахуагъэр
хабзэншагъэр фи ӀэхэмкӀи яхувогуэщ.
4Къыщалъхуам щегъэжьауэ,
цӀыху бзаджэхэр мэгъуащэ;
анэм и ныбэ къыщикӀам щегъэжьауэ,
пцӀы яупс, щоуэ.
5Абыхэм я щхъухьыр блэ щхъухьым хуэдэщ,
ущхъухьэкӀуэм и уэрэди,
6я нэхъ ущхъухьэкӀуэ Ӏэзэм и макъи
зэхэзымых блэ дэгуу
зи тхьэкӀумэ зэхуэзыщӀам хуэдэщ.
7Ди Тхьэ! Абыхэм я дзэхэр
я жьэм жьэдэкъутыхь;
къутэ, Зиусхьэн,
аслъан жьэпкъхэр!
8ИрекӀуэд псы блэжым хуэдэу;
щашэшӀкӀэ зыпыщӀыкӀа
шабзэшэм хуэдэ ирехъу#57:8 шабзэщэм хуэд ирехъу – евреибзэкӀэ и мыхьэнэ ӀупщӀкъым..
9ИрекӀуэд
псым хэкӀуэдэжа хьэмлашкӀуэм ещхьу;
бзылъхугъэм фӀэкӀуэдыжа сабийуэ
дыгъэр зымылъэгъуам хуэдэу.
10МафӀэр шыуаным къемыӀэ щӀыкӀэ
бэрэжьейуэ пэралъхьагъащӀэри ныкъуэсу
жьыбгъэм зэбгрырех#57:10 жьыбгъэм зэбгрырех – евреибзэкӀэ и мыхьэнэ ӀупщӀкъым..
11Тхьэм хуэщыпкъэр, Тхьэм зэригъэпшынэр
щилъагъукӀэ,
къэгуфӀэнщ;
цӀыху бзаджэм илъкӀэ
итхьэщӀынщ абы и лъакъуэхэр.
12ЖаӀэнщ цӀыхухэм: «Тхьэм хуэщыпкъэм
щыпкъэ дыдэу егъуэт ӀыхьэфӀ!
ЩыӀэщ щӀыгум хьэкум щызыщӀэ Тхьэ!»

Currently Selected:

Уэрэд 57: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in