Уэрэд 56
56
56-нэ Уэрэд
ДэӀэпыкъуэгъум папщӀэ Уэрэд
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «СумыгъэкӀуэд» макъамэр щӀэлъу ягъэӀу. Шаул зыфӀигъэпщкӀуэрэ, бгъуэнщӀагъым щӀыхьауэ, Даут иуса уэрэд
2ГущӀэгъу къысхуэщӀ, ди Тхьэ, гущӀэгъу
къысхуэщӀ;
си псэм щхьэегъэзыпӀэ зыщигъуэтыр
уи дежщ,
сызыхэт тхьэмыщкӀагъэр сщхьэщыкӀыху,
сэ Уэ уи дамэм я щӀагъ сыщӀэтынщ.
3Тхьэуэ Псом я Нэхъ Лъагэм солъэӀу,
и гухэлъ къысхуэзыщӀ Тхьэр.
4Къригъэхынщ уафэгум дэӀэпыкъуэгъу,
сыхэзыутэхэр игъэукӀытэнщ Абы;
и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр си гъусэнщ,
щыпкъагъэкӀи къыздызекӀуэнщ.
5Сэ сахэхуащ аслъэнхэм;
сахэлъщ цӀыхур зэтезышхыхьхэм;
абыхэм я дзэр бжым, шабзэшэм,
я бзэгур джатэ жаным хуэдэщ.
6Уафэгум нэхърэ нэхъ лъагэу
уӀэтауэ ирехъу Уэ, ди Тхьэр,
щӀыгум дэнэкӀи уи щӀыхьыр щрыреӀэ.
7Си лъакъуэм лъахъэ къыхуагъэхьэзыращ;
си гур кӀуэдыпащ;
си пащхьэм щатӀащ мащэ,
арщхьэкӀэ абы ихуахэр езырхэщ.
8СигукӀэ сыбыдэщ, ди Тхьэ;
уэрэд жысӀэнущ,
щӀыхьу сиӀэр уэрэдкӀэ сӀуэтэнущ.
9Къэуш, си псэ.
Къэуш пшынэдыкъуакъуэр, шыкӀэпшынэр!
Сэ нэхущыр къэзгъэушынщ.
10ЦӀыху лъэпкъым сахэту, уи щӀыхьыр,
Зиусхьэн, сэ сӀуэтэнщ;
лъэпкъ мащӀэм сахэту,
уи щӀыхьыр уэрэдкӀэ сӀуэтэнщ.
11Сыту жыпӀэмэ мыкӀуэдыжын уи лъагъуныгъэр
уафэгум нэхърэ нэхъ лъагэщ,
уи щыпкъагъэр уафапшэхэм нос.
12Уафэгум нэхърэ нэхъ лъагэу
уӀэтауэ ирехъу Уэ, ди Тхьэр;
щӀыгум дэнэкӀи уи щӀыхьыр
щреӀуатэ!
Currently Selected:
Уэрэд 56: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017