YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 55

55
55-нэ Уэрэд
Тхьэм ущыгугъыныр
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Мэкъамэр: «Жыгей мэзым хэс тхьэрыкъуэ анэр». Филиштхэм Гат къалэм щыщаубыдым, Даут иуса уэрэд
2Ди Тхьэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ!
Сыту жыпӀэмэ цӀыхухэм сыхаутэ;
махуэ енкӀэ кэытебанэхэурэ,
къыспэувхэм гузэвэгъуэм сыхадзэ.
3Махуэ енкӀэ сыхаутэ си бийхэм;
загъэпагэурэ, бэ зэрогъэхъу къыстебанэхэр!
4Шынагъуэм сыщиубыдкӀэ,
ди Тхьэ, сэ Уэращ сызыщыгугъыр.
5Тхьэуэ зи псалъэм щӀыхь хуэсщӀым
сыщогугъ, сыщышынэркъым;
сыт къызищӀэфын лӀэжыну цӀыхум?
6ЖызмыӀахэр къыстралъхьэ махуэ енкӀэ;
ягу къысхуэкӀ псори бзаджагъэщ.
7Зэругъуеяхэщ, заущэху,
си лъэбакъуэр ябж,
къызощэ си псэр ягъэныну.
8Я бзаджагъэр егъэпшыныж,
ди Тхьэ, уи губжьыгъуэм
цӀыху лъэпкъхэр гъэлъахъшэ.
9Си гукъеуэ псори плъытащ,
си нэпсхэр зыхуэдизыр зэгъащӀэ –
уи тхылъым итхакъэ ахэр?
10Сэ Уэ сыныщолъэӀу махуэм
зэщӀэкӀуэжащ си бийхэр;
мыр сощӀэ сэ: Тхьэр къыскъуэтщ.
11Тхьэуэ зи псалъэм щӀыхь хуэсщӀым,
Зиусхьэну зи псалъэм щӀыхь хуэсщӀым,
сыщогугъ.
12Тхьэм сыщогугъри, сышынэркъым;
цӀыхум сыт къызищӀэфын сэ?
13Ди Тхьэ, псалъэ быдэу уэстар
згъэпэжын хуейуэ си хьэкъщ сэ,
щӀыхь къурмэнхэр пхуэсщӀынщ.
14Сыту жыпӀэмэ Уэ си псэр
ажалым щыпхъумащ,
сымылъэпэрэпэни сыпщӀащ –
гъащӀэ къыдэзыт Тхьэм и пащхьэ
нэхум сыщызекӀуэну.

Currently Selected:

Уэрэд 55: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in