Уэрэд 54
54
54-нэ Уэрэд
КърахуэкӀ лӀым и тхьэлъэӀу
1УэрэдыӀуэхэм я пашэм папщӀэ. Бзэпс зэрылъ ӀэмэпсымэхэмкӀэ ягъэӀу. Даут и акъылыфӀагъэ уэрэд
2Къызэхэх, ди Тхьэ, си тхьэлъэӀур,
зыщумыгъэпщкӀу си лъэӀум
3КъызэдэӀуи, жэуап къызэт;
срагъэшащ къину сызыхэтым;
сагъэгупсэхуркъым
4бий макъыу зэхэсхым,
цӀыху бзаджэм
егъэзыгъэ сызэращӀым;
сыту жыпӀэмэ абыхэм къиным сыхадзэ,
губжьым хэту сэ сагъэбий.
5Си гур къокӀэзызыкӀ,
сыӀэщӀэхуащ ажал шынагъуэшхуэм.
6Сошынэ сэ, сокӀэзыз,
шынагъуэшхуэм сызыӀэщӀиубыдащ.
7Абдежым сэ жысӀащ:
«Тхьэрыкъуэм и дамэм хуэдэ сиӀатэмэ,
жыжьэу сыӀулъэтыкӀыжынти,
гупсэхугъуэ згъуэтыжынт;
8жыжьэу сыхыхьэжынти,
губгъуэ нэщӀым ситынт;
9жьапщэмрэ уаемрэ
защысхъумэным сыхуэпӀэщӀэнт».
10ЗэӀыгъэхьэ я гухэлъхэр, Зиусхьэн,
я бзэхэр зэхэгъэзэрыхь;
сыту жыпӀэмэ залымыгъэрэ зэныкъуэкъурэ
щыслъэгъуащ къалэм.
11Жэщми махуэми абыхэм
къалэм и блынхэр хъурейуэ къакӀухь;
бзаджагъэрэ тхьэмыщкӀагъэрэ къыщохъу.
12УзэкӀуэдылӀэнщ абы къыщыхъур:
егъэзыныгъэмрэ хьилагъэмрэ
абы и уэрамхэм дэкӀыркъым.
13Сыту жыпӀэмэ сэ сызыубыр бийракъым –
ар сшэчын слъэкӀынт;
си жагъуэгъуркъым сызыгъэпудыр –
абы зыщызгъэпщкӀун слъэкӀынт;
14уэращ сэ къыспэщӀэувэр –
си ныбжьэгъурщ, си благъэрщ, си нэӀуасэ
дыдэрщ;
15Щхьэихауэ дызэдэуэршэру,
дызэщӀыгъуу къыщыткӀухьырт
Тхьэм и унэшхуэм.
16КъахурекӀуэ ажалыр абыхэм,
ямыщӀэххэу псэу щӀыкӀэ ирекӀуэ хьэдрыхэ;
сыту жыпӀэмэ я унэхэм изщ бзаджагъэр,
ягухэми илъщ.
17Ауэ сэ Тхьэм зыхуэзгъэзэнщи,
Зиусхьэным сыкъригъэлэнщ.
18Пщыхьэщхьэми, пщэджыжьми, шэджагъуэми
сытхьэусыхэнщ сэ, сыгъынщ,
Абы си макъыр зэхихынщ.
19МамыркӀэ си псэр ящихъумэнщ
къыспэувхэм – ахэр бэ мэхъу.
20Тхьэм зэхихынщи,
иж-ижьыж лъандэрэ и тахътэм тесым
ахэр игъэӀэсэнщ;
сыту жыпӀэмэ абыхэм захъуэжыркъым;
Тхьэм ахэр щышынэркъым.
21Дэ, мамыру псэухэм, дигъэбийурэ
и Ӏэ къыттришэщӀащ си гъусам
ди зэгурыӀуэныгъэм епцӀыжащ ар;
22и Ӏупэр тхъум нэхърэ нэхъ щабэщ,
ауэ игу жагъуэгъуныгъэр илъщ;
и псалъэхэр дагъэм нэхърэ нэхъ щабэщ
ауэ ахэр джатэ пцӀанэщ.
23Уи гукъеуэр#54:23 уи гукъеуэхэр – евреибзэкӀэ «къыптрилъхьахэр». Зиусхьэным ехьэлӀи,
Ар щӀэгъэкъуэну пхуэхъунщ.
Тхьэм хуэщыпкъэр
Абы игъащэкӀэ игъэплъэрэпэнкъым.
24Уэ, ди Тхьэ, ажалым и мащэм ипшэнущ ахэр;
лъым щӀэнэцӀхэм,
хьилэшыхэм я гъащӀэм и ныкъуи
къапсэункъым.
Сэ Уэращ сызыщыгугъынур, Зиусхьэн.
Currently Selected:
Уэрэд 54: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017