Уэрэд 53
53
53-нэ Уэрэд
Бийхэм уащиухъумэнкӀэ тхьэлъэӀу
1УэрэдыӀуэхэм пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ Бзэпс зэрылъ ӀэмэпсымэхэмкӀэ ягъэӀу
2Зиф цӀыхухэр къакӀуэу,
«Дэнэ Даут зыщигъэпщкӀуар?» жаӀэу
Шаул къыщеупщӀым, Даут иуса
акъылыфӀагъэ уэрэдыр.
3Ди Тхьэ! Уи цӀэкӀэ сыкъегъэл,
уи гуащӀэкӀэ сызэрыхейр ӀупщӀ щӀы.
4Ди Тхьэ! Си тхьэлъэӀур къызэхэх!
Си псалъэм уи тхьэкӀумэ къыхуэгъазэ.
5Сыту жыпӀэмэ зыкъыспаӀэтащ напэншэхэм,
си псэм къощэ цӀыху залымхэр;
абыхэм Тхьэр ӀэщӀыб ящӀащ.
6Аращ, Тхьэр сэ си дэӀэпыкъуэгъущ;
Зиусхьэныр щӀэгъэкъуэн къысхуохъу.
7Си бийхэм я щӀэпхъаджагъэр яригъэпшыныжынщ.
Уи щыпкъагъэкӀэ гъэкӀуэд ахэр.
8Сэ къурмэн пхуэсщӀынщ си гуапэу,
Уи цӀэм щӀыхь хуэсщӀынщ, Зиусхьэн,
сыту жыпӀэмэ ар фӀыщ.
9Сыту жыпӀэмэ си тхьэмыщкӀагъэ псоми
Уэ сыкъыхэпшыжащ,
си бийхэр хэгъэщӀауэ слъэгъуащ.
Currently Selected:
Уэрэд 53: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017