YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 50

50
50-нэ Уэрэд
Гуэныхь гъэгъуным и тхьэлъэӀу
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
2Батшэбэ бзылъхугъэм деж ихьа нэужь,
Натан бегъымбарыр къыщыхуэкӀуэм,
Даут иуса уэрэд.
3Лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжу пхэлъымкӀэ,
ди Тхьэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ,
си хабзэншагъэхэр схуэгъэкӀуэд
уи гущӀэгъуныгъэкӀэ.
4СкӀэрыгъэкъэбзыкӀыж бзаджагъэу злэжьар,
си гуэныхь къысхуэгъэгъуи, къабзэ сыщӀыж.
5Сыту жыпӀэмэ бзаджагъэу злэжьар
зыдызощӀэж,
гуэныхьу злэжьахэр си пащхьэ илъщ.
6Уэ зырщ, Уэ зыращ гуэныхь зэзлэжьылӀар,
мыхъуну Уэ плъытэр сэ зэспэсыжащ,
Уэ къыстеплъхьар захуагъэщ,
сыт къысхуэжыпӀэми захуагъэщ,
сыщыбгъэмысэкӀи ухейщ.
7Аращ, сигу илъащ бзаджагъэ –
си анэ и ныбэ сызэрилъ лъандэрэ,
си анэ сыкъызэрилъху лъандэрэ,
гуэныхьыр сигу илъащ.
8Аращ Уэ пфӀэигъуэр,
цӀыхум игу илъыну щыпкъагъэр,
Аращи, акъылыфӀагъэм и щэхухэр сыгъащӀэ.
9Къыстеутхи иссоп#50:9 къыстеутхи иссоп – къудамэ цӀыкӀу, псым е лъым хагъауэурэ, пкъыгъуэхэм е цӀыхухэм траутхэ, ахэмэ ягухэр Тхьэм дежькӀэ ягъэкъэбзэжын папщӀэ, теурат хабзэм тету., къабзэ сыхъужынщ,
сытхьэщӀи, уэсым нэхъ хужь сыхъужынщ.
10ГуфӀэгъуэрэ нэщхъыфӀагъэмрэ я хъыбар зэхэзгъэхи,
гужьеигъуэм сыхэбдзауэ щытыгъами, сыгуфӀэжынщ.
11Гуэныхьу злэжьам Уэ уемыплъ,
гъэкӀуэдыж си гуэныхьхэр псори.
12Тхьэ, къысхэлъхьэ сэ гу къабзэ,
зэблэхъу си гурылъыр,
къэгъэбыдэ сигу.
13Уи пащхьэ сумыгъэкӀ,
Уэ уи Псэ ЛъапӀэр сигу имылъыну умыщӀ,
14сыкъызэребгъэлым и гуфӀэгъуэр къыслъреӀэс,
гу хьэзыр сиӀэну сыгъэбыдэ.
15Хабзэншэхэр хуэзгъэсэнщ уи гъуэгум,
уи деж къагъэзэжынщ гуэныхь зыщӀахэм.
16Лъы гъэжэным сыщыхъумэ,
Уэ, Тхьэм, сымыкӀуэду
сыкъезыгъэла Тхьэм,
уи щыпкъагъэм щӀыхь хуэсщӀынщ
си бзэкӀэ.
17Зиусхьэн! Си жьэ къызэтехи,
Уэ щӀыхь пхуэсщӀынщ.
18Сыту жыпӀэмэ Уэ къурмэн ухуейкъым –
сэ къурмэн пхуэсщӀынт,
къурмэн гъэсынми уигу хуэкӀуэркъым.
19Тхьэм дежкӀэ къурмэн щыпкъэр
зигу хэщӀарщ,
игу къутауэ щӀегъуэжар
ӀэщӀыб пщӀынукъым.
20ФӀыгъэу пхэлъымкӀэ фӀы хуэщӀэ
Цион#50:20 фы хуэщӀэ Цион къалэм – «Тхьэм и унэшхуэ зытет Ӏуашъхьэм фӀы щыщӀ» е «Цион Ӏуашъхьэм Тхьэм и унэшхуэ тегъэувэж». къалэм,
Ерусалим и блынхэр зэтегъэувэж.
21Абы щыгъуэ Уи гуапэ хъунщ
щыпкъагъэкӀэ пхуащӀ къурмэнхэр,
зэрыпсэууэ ягъэс къурмэнхэр,
Абы щыгъуэ къытралъхьэнщ
уи къурмэнщӀыпӀэм танэхэр.

Currently Selected:

Уэрэд 50: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in