YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 51

51
51-нэ Уэрэд
Тхьэм и хьэкумымрэ и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и усыгъэ
2Эдом щыщ Доиг къакӀуэу, Ахимэлэх и унэм
Даут къызэрихьэгъам и хъыбар
Шаул къыщыхуихьым, Даут иусащ.
3Сыт уэ, цӀыху лъэщыр,
бзаджагъэу пщӀамкӀэ
ущӀызыщытхъужыр?
Тхьэм и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр
дапщэщи щыӀэнущ.
4ЦӀыхур зэрыбгъэунэхъуным уогупсыс,
уи бзэгур сэ жан зэщӀэлъыкӀам хуэдэщ
уэ, хьилагъэ зезыхьэм!
5ФӀым нэхъ бзаджагъэр уигу нэхъ ирохь,
пэж пӀуэтэным нэхърэ
пцӀыр уэ нэхъ къыбощтэ.
6УзэкӀуэдылӀэн псалъэу щыӀэхэр
уэ уи щӀасэщ,
уэ бзэгу хьилэщ.
7Абы папщӀэ узэхикъутэнщ уэ Тхьэм,
уричынщ, уи унэ урихунщ,
псэ зиӀэу цӀыгум тетхэм
яхигъэкӀуэдыкӀыжынщ уи лъапсэр.
8Тхьэм хуэщыпкъэхэм ар ялъагъунщ,
Зиусхьаным щышынэнущ,
А цӀыхум щыдыхьэшхыурэ, жаӀэнщ:
9«Мыращ Тхьэр щхьэегъэзыпӀэ зымыщӀу,
и мылъкум щыгугъыу,
и бзаджагъэр щхьэегъэзыпӀэ зыхуэзыщӀыжа цӀыхур».
10Сэ Тхьэм и унэшхуэм
къыщытӀэпӀ зейтун жыгым сыхуэдэщ.
Тхьэм и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр
игъащӀэкӀэ си гугъапӀэщ сэ,
11Уэ блэжьам папщӀэ
щӀыхь пхуэсщӀынщ игъащӀэкӀэ;
уи хъыбар уи цӀыху лъапӀэхэм зэлъезгъэщӀэнщ
узэрэфӀым папщӀэ.

Currently Selected:

Уэрэд 51: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in