YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 5

5
5-нэ Уэрэд
Тхьэм укъихъумэным и лъэӀу
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. БжьамиймкӀэ дожьу. Даут и уэрэд
2Къызэхэх си псалъэр, Зиусхьэн,
си щэӀу макъым къедэӀу.
3КъыщӀэдэӀу си гуо макъым,
си Пащтыхь, си Тхьэ,
Уэращ сызэлъэӀур.
4Зиусхьэн! Нэхущ нэхъыпэу
си макъыр къызэхыбохри,
нэхущыгъуэм си Ӏуэхухэр
уи пащхьэ изолъхьэри сыножьэ –
5Уэ мызахуагъэр фӀыуэ зымылъагъу Тхьэуэ
узэрыщытым щхьэкӀэ;
бзаджагъэм лъэкӀынкъым уи гъусэн.
6Щхьэщытхъухэм ялъэкӀынкъым
уи пащхьэ иувэн.
БзаджащӀэ псори
Уэ уи жагъуэщ.
7ПцӀы зыупсхэр уогъэкӀуэд Уэ;
лъыгъажэмрэ хьилагъэмрэ
Зиусхьэным нэмыплъ ярет.
8Ауэ сэ, лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж къысхуэпщӀащи,
сыкъихьэнщ Уи унэ,
сыпфӀэлӀыкӀыу уи унэшхуэ лъапӀэм
ущызгъэлъэпӀэнщ.
9Зиусхьэн! Си бийхэм ягу хэбгъэщӀу,
уи щыпкъагъэм и гъуэгукӀэ сызешэ.
Уи гъуэгур занщӀэ къысхуэщӀ.
10Сыту жыпӀэмэ абыхэм я бзэгупэм
щыпкъагъэ телъкъым,
я гурылъхэр узэкӀуэдылӀэнщ,
я джийхэр бэн зэӀухащ,
я жьэм къыжьэдэкӀыр щытхъу нэпцӀщ.
11Я къуаншагъэм ирехьыж ахэр, си Тхьэ,
я гухэлъ бзаджэхэм трекӀуэдэж;
гуэныхьу ящӀар бэщ,
зыкъыпхуаӀэтащи,
уи пащхьэ иумыгъэт ахэр.
12ЩхьэегъэзыпӀэ Уэ узыщӀ псори
ирегуфӀэ,
гуфӀэгъуэшхуэм игъащӀэкӀэ хэту
уэрэд жреӀэ.
Къэхъумэ Уэ ахэр;
ЩӀыхь къыпхуащӀынщ уи цӀэр зыгъэлъапӀэхэм.
13Сыту жыпӀэмэ щыпкъагъэ зиӀэм
уи нэфӀ ящохуэ, Зиусхьэн;
уи нэгум и фӀыгъэр, мэӀум хуэдэу,
абы хъумакӀуэ хубощӀ.

Currently Selected:

Уэрэд 5: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in