YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 48

48
48-нэ Уэрэд
Мылъкум узэригъапцӀэр
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм я уэрэд. Уэрэд
2Мыбы фыкъедаӀуэ
цӀыху лъэпкъ псори;
мыр зэхэфх,
дунеишхуэм тет псори –
3цӀыху къызэрыкӀуи, цӀэрыӀуи,
беи, тхьэмыщкӀи!
4Си псалъэм акъылышхуэ хэлъщ,
си гупсысэхэм – зэхэщӀыкӀ.
5Псалъэжьым хуэзгъэзэнщ си тхьэкӀумэ;
пшынэдыкъуакъуэм и макъкӀэ
зэхезгъэщӀыкӀынщ си щэху.
6Къин махуэхэм сыт сыщӀэшынэнур,
сыщӀэзыхуэхэм
я бзаджагъэм сыкъыщаувыхькӀэ?
7Я беигъэм щогугъ ахэр,
мылъкушхуэ яӀэм зыщегъэтхъуж!
8Дауэ зищӀми,
и псэ ищэхужын лъэкӀынкъым цӀыхум,
абы и уасэ Тхьэм иритыни лъэкӀынкъым.
9Абы и псэр щэхужыгъуейщ,
абы и уасэ тыгъуейщ –
10игъащӀэкӀэ псэуну,
хьэдрыхэ имылъагъуну.
11Хэти елъагъу акъылыфӀэхэри зэрылӀэр;
ахьмакъхэри акъылыншэхэри зэрылӀэу,
я мылъкур нэгъуэщӀым къыхуонэ.
12Абыхэм я бэныр#48:12 я бэныр – евреибзэкӀэ «зэгупсысыр». унэ яхуэхъунущ игъащӀэкӀэ,
къэхъуну щӀэблэхэм псэупӀэ яхуэхъунущ,
щӀыгу я уней яӀами.
13Щытхъуи мылъкуи иӀами,
псэущхьэ кӀуэдыжым хуэдэ хъунщ цӀыхур.
14Мыращ зи щхьэ щыгугъыжым
къехъулӀэнур,
Ӏыхьэу яӀэмкӀэ зыхуэарэзыжхэм
кӀэух яхуэхъунур:
15мэлым хуэдэу, яхунщ хьэдрыхэ,
ажалыр Ӏэхъуэу яӀэнщ,
бэным щӀэх ехыжынурэ,#48:15 бэным щӀэх ехыжынурэ – евреибзэкӀэ «пщэдджыжьым щыпкъагъэ зиӀэхэм тетыгъуэ хуряӀэнущ».
я Ӏэпкълъэпкъыр кӀуэдыжынущ,
абыхэм я псэупӀэр – хьэдрыхэщ.#48:15 я псэупӀэр хьэдрыхэщ – евреибзэкӀэ и мыхьэнэр ӀупщӀкъым.
16Ауэ Тхьэм си псэр ищэхужынщ,
ажалым сыӀэщӀихынщи,
сызришэлӀэжынщ.
17ЦӀыхур бей хъуми,
абы и быным и щӀыхь багъуэми,
ущымышынэ абы, зомыгъэгъэгузавэ,
18зыри зыдищтэнукъым, лӀамэ;
и щӀыхьыр кӀэлъыкӀуэнукъым абы.
19Псэуху насыпыфӀэу зилъытэми,
зыхуейр къызэрехъулӀэм папщӀэ
и щытхъу яӀуатэми,
20ар и адэжьхэм –
нэхунэр зымылъагъужынухэм –
я деж кӀуэжынущ.
21Щытхъуи мылъкуи иӀэми,
псэущхьэ кӀуэдыжым хуэдэ хъунущ цӀыхур.

Currently Selected:

Уэрэд 48: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in