YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 47

47
47-нэ Уэрэд
Цион Тхьэм и къалэщ
1Уэрэд. Корах и къуэхэм я уэрэд
2Ин дыдэщ Зиусхьэныр,
ди Тхьэм и къалэм
Абы щӀыхьышхуэ щыхуащӀ.
3Абы и Ӏуащхьэ лъапӀэр лъагэщ икӀи дахэ дыдэщ,
щӀыгу псори щогуфӀыкӀ Цион Ӏуащхьэм,
Тхьэм и Ӏуащхьэ щыпкъэщ#47:3 Тхьэм и Ӏуащхьэ щыпкъэщ – евреибзэкӀэ «Ӏуащхьэ Цион». ар,
Пащтыхьышхуэм и къалэщ.
4Абы быдапӀэу дэтхэм
Тхьэр зэрахъумакӀуэр ящӀэ.
5Сыту жыпӀэмэ пащтыхьхэр
зэӀущӀэри,
псори абы ебгъэрыкӀуащ яубыну;
6ялъэгъуащ Цион Ӏуащхьэр,
гъэщӀэгъуэн дыди къащыхъуащ,
къэшынэри щӀатхъужащ.
7Ахэр хэхуащ шынагъуэм,
лъхугъэм хэт бзылъхугъэр
зыхэхуэ гузэвэгъуэм хуэдэм.
8Жьыбгъэшхуэм Таршиш#47:8 Таршыщ – Испаниеращ. кӀуэ
кхъухьхэр зэрихуэм хуэдэу,
зэхэптхъуащ Уэ псори.
9Зэрызэхэтхам хуэдэу,
ЛъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Зиусхьэным и къалэу
ди Тхьэм и къалэ.
Тхьэм абы щилэжьа Ӏуэхухэр тлъэгъуащ дэ,
Тхьэм игъащӀэкӀэ игъэуващ ар,
щынагъуэ къылъэмыӀэсыну.
10Уи унэшхуэм дыщӀэту, ди Тхьэ,
Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыным догупсыс дэ.
11Уи цӀэм хуэдэу, уи щӀыхьышхуэри,
Тхьэ, щӀым и гъунэм нэсащ.
Уи Ӏэ ижьым текӀуэныгъэри хахуагъэри къехь.
12ИрегуфӀэ Цион Ӏуащхьэр,
уи хьэкум захуэщ, иудэпхъухэр,
Зиусхьэн, къыпхуогуфӀэ.
13Цион Ӏуащхьэ фыкъыдекӀуэкӀыурэ,
ихъуреягъкӀэ къэфкӀухь;
Абы и чэщанэ лъагэхэр
къэфлъытэ;
14абы и дэпкъхэм фигу яхуэвгъазэ;
и быдапӀэхэр къэфплъыхь,
ди ужь къихъуэну щӀэблэхэм яхуэфӀуэтэжыну,
15лӀэщӀыгъуэм лӀэщӀыгъуэр кӀэлъыкӀуэу
мы Тхьэр ди Тхьэщ.
Ар гъуазэ къытхуэхъунщ игъащӀэкӀэ.

Currently Selected:

Уэрэд 47: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in