Уэрэд 46
46
46-нэ Уэрэд
Псоми я нэхъ Лъагэр
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм папщӀэ. Уэрэд
2Ӏэгу феуэ цӀыху лъэпкъ псори,
гуфӀэгъуэм и макъ лъэщкӀэ
Тхьэм зыхуэвгъазэ;
3сыту жыпӀэмэ Зиусхьэну
Псом я нэхъ Лъагэр шынагъуэщ, –
щӀыгу псоми и Пащтыхьышхуэр.
4ЦӀыху лъэпкъхэр ди Ӏэ кърилъхьащ,
лъэпкъ цӀыкӀухэр ди лъэгу къыщӀигъэуващ.
5ӀыхьэфӀ тхуэхъунур#46:5 ӀыхьэфӀ тхуэхъунур – Ханаан хэкуращ. тхухихащ –
Израил лъэпкъыу фӀыуэ илъэгъуар
зыгъэгуфӀэ Ӏыхьэр.
6ГуфӀэгъуэ макъышхуэм хэту,
Зиусхьэну Тхьэр дэкӀуеящ и унэшхуэм,
сыринэ макъхэр къэӀу зэпыту.
7Ди Тхьэм щыхь уэрэдыр хужыфӀэ,
щӀыхь уэрэдыр хужыфӀэ,
ди пащтыхьым щӀыхь уэрэдыр хужыфӀэ,
хужыфӀэ.
8Сыту жыпӀэмэ Тхьэр щӀыгу псоми
я пащтыхьщ;
щӀыхь уэрэд жыфӀэурэ,
щӀыхь хуэфщӀ.
9Тхьэм цӀыху лъэпкъхэр егъэӀурыщӀэ,
и тахътэ лъапӀэм тесщ Ар.
10Ибрэхьим игъэлъапӀэ Тхьэм
и цӀыху лъэпкъым деж щызэрыугъуеящ
цӀыху лъэпкъхэм япщхэр;
сыту жыпӀэмэ щӀыгум щынэхъ лъэрыхьхэри
Тхьэм и Ӏэ илъщ;
Ар абыхэм я щхьэщ.
Currently Selected:
Уэрэд 46: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017