YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 45

45
45-нэ Уэрэд
Тхьэр ди гъусэщ
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм папщӀэ. «Аламот» и макъамэм тегъэпсыхьащ
2ДэркӀэ щхьэегъэзыпӀэщ, гуащӀэ къыдэзытыр
Тхьэращ,
гугъуехьхэр къытщӀэзэрыхьмэ,
Ар гъэунэхуауэ ди дэӀэпыкъуэгъущ.
3Абы къыхэкӀкӀэ дышынэнкъым,
щӀыгур зджызджами,
бгыхэр къызэтелъалъэурэ
хым хэджэразэми,
4хыр къэукъубейрэ
псыдзэр къытщӀэуэми,
хы уалъэм бгыр зэрадзэми.
5Тхьэм и къалэм щоушэ
псы уэрхэр –
Псом я Нэхъ Лъагэм и псэупӀэм.
6Тхьэр абы и гупсэщ;
щэнэуэнкъым а къалэр
Нэхущыгъуэм Тхьэр абы
дэӀэпыкъуэгъу хуэхъунущ.
7ЦӀыху лъэпкъхэр зэрызехьэ хъуащ;
пащтыхьыгъуэхэр зэщӀохъае.
Псом я Нэхъ Лъагэм и макъ къэӀуащ,
щӀыгур мэткӀу.
8ЛъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Зиусхьэныр
ди гъусэщ,
ди адэжьу Екъуб и Тхьэрщ
щхьэегъэзыпӀэу диӀэр.
9ФыкъакӀуи, зэвгъэлъагъу
Зиусхьэным и Ӏуэхухэр –
Ӏуэху щӀагъуэу щӀыгум щилэжьахэр.
10ЩӀыгу гъунэм нэсу зауэхэр щегъэувыӀэ,
зэпеч шабзэпсыр, зэпеуд бжыр,
мафӀэм пэредзэри, мэӀухэр егъэс.
11«Фыкъэувурэ, Сэ сызэры – Тхьэр зэвгъащӀэ:
цӀыху лъэпкъхэми сагъэлъапӀэ,
сыщагъэлъапӀэ щӀыгуми».
12ЛъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Тхьэр
ди гъусэщ,
ди адэжьу Екъуб и Тхьэрщ
щхьэегъэзыпӀэу диӀэр.

Currently Selected:

Уэрэд 45: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in