YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 37

37
37-нэ Уэрэд
Къин зышэчым и тхьэлъэӀу
1Тхьэм игу зыкъэдгъэкӀыжын папщӀэ. Даут и уэрэд
2Зиусхьэн! Губжьышхуэм ухэту
укъызэмыгий,
сумыгъэпшынэ уи пхъэшэгъуэм.
3Сыту жыпӀэмэ уи шабзэшэхэр
къыстеуащ,
уи Ӏэри къыстохьэлъэ.
4Губжьу къысхууиӀэм си Ӏэпкълъэпкъым
щӀыпӀэ псэу къыхинаӀакъым;
гуэныхьу сиӀэхэм
сагъэпсэуркъым узыншэу.
5Сыту жыпӀэмэ си бзаджэщӀагъэхэр
къызолъэгэкӀ,
хьэлъащэ къыстехъуащ;
6си акъылыншагъэм уӀэгъэу къысхуихьам
фырымэр къапех,
шын къокӀ.
7СызэфӀэщӀауэ, сиӀу егъэзыхауэ сыщылъщ,
махуэ псом сотхьэусыхэ.
8Сыту жыпӀэмэ си Ӏэпкълъэпкъыр
зэщӀищтащ плъыржьэр узым;
щӀыпӀэ псэу къысхэнэжаӀакъым.
9ГуащӀаджэ сыхъуащ, сызэхэукӀащ;
си гум телъ хьэзабым сегъэщэӀу.
10Зиусхьэн! Сэ сфӀэигъуэр уощӀэ Уэ,
си щэӀу макъи пщыгъэпщкӀуакъым.
11Си гур къокӀэзызыкӀ;
си гуащӀэм сибгынащ,
си нитӀым я нэхуми –
ари сиӀэжкъым.
12Си ныбжьэгъухэм, си гъусэхэм
си узым пэжыжьэ защӀащ,
си благъэхэри жыжьэу щытщ.
13Си псэм къещэхэм ягъэув я лъахъэхэр,
мыхъун къызэхъулӀэ зыфӀэигъуэхэр
топсэлъыхь сызэрагъэунэхъуным,
махуэ еным къысхузэхалъхьэ
гухэлъ бзаджэхэр.
14Сэ зэхэсхыркъым, дэгум сыхуэдэщ;
зи жьэр къызэтезымых бзагуэм сыхуэдэщ;
15Зэхэзымых, жэуап зымытыж
цӀыхум хуэдэ сыхъуащ.
16Сыту жыпӀэмэ, Зиусхьэн,
Уэ сыпщогугъ сэ;
Зиусхьэн, си Тхьэ, Уэращ жэуап езытыр.
17Сэ жысӀащ:
къысщумыгъэдыхьэшх си бийхэр;
си лъакъуэхэр щӀэщӀэмэ,
абыхэм зыкъысхуагъэпагэ.
18Себэным сынэсащ сэ,
си узым сибгынэркъым.
19Бзаджагъэу сщӀар
уи пащхьэ изолъхьэ,
си гуэныхьым сыхущӀогъуэж.
20Лажьэ симыӀэу сызыгъэбийхэр гуащӀафӀэщ,
сыхейуэ, си жагъуэгъухэр мэбагъуэ.
21ФӀым пэкӀуэу, ар къызапэс,
сагъэбий фӀы щӀэным сызэрыпылъым щхьэкӀэ.
22Утыкум сыкъыумынэ, Зиусхьэн,
си Тхьэ! Спэжыжьэ зумыщӀ.
23ДэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъу псынщӀэӀуэу,
Зиусхьэн, си КъегъэлакӀуэ!

Currently Selected:

Уэрэд 37: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in