YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 38

38
38-нэ Уэрэд
Къиным хэтым и гур зэӀуех
1Пшынауэ пашэ Едутун папщӀэ. Даут и уэрэд
2Сэ жысӀащ: си бзэгукӀэ гуэныхь сымыщӀэну,
сыхуэсакъынщ си гъуэгум;
цӀыху бзаджэр си пащхьэ итыху,
си жьэ быдэу сӀыгъынщ.
3Сыбзэгуащ, сымакъыншащ,
зызущэхуащ, си фӀагъэ къэмыкӀуами,
сигу узым хэхъуащ.
4МафӀэм зэщӀищтащ си гур,
мафӀэр къащӀэнащ си гупсысэхэм;
абы щыгъуэ си бзэгукӀэ сыкъэпсалъэу сыхуежьащ:
5Зиусхьэн, къызжеӀэ си гъащӀэр щызухынур –
сыгъащӀэ махуэхэм я бжыгъэр зыхуэдизыр,
пӀалъэ гъэнэхуа сызэриӀэр сыгъащӀэ.
6Аращ, бжьизым хуэдэу,
махуэхэр Уэ къызэптащ,
УэркӀэ си гъащӀэр щымыӀагъэххэм хуэдэщ.
Щыпкъэ дыдэу, дунейм тет дэтхэнэ цӀыхури
зы жьыкъэшэгъуэ къудейщ.
7Щыпкъэ дыдэу, ныбжь хуэдэ,
цӀыхур къокӀуэкӀ;
пщӀэншэуи мэлъэпхъащэ,
мэугъуае, къызыхуэнэжынури имыщӀэу.
8Сыт иджы гугъапӀэу сиӀэр, Зиусхьэн?
ЗысшыӀэу, Уэращ сэ сызыщыгугъыр.
9Хабзэншагъэу сщӀа псоми
сахэшыж,
акъылыншэм нэмыплъ къызремыт.
10Сэ бзагуэ сыхъуащ,
си жьэ къызэтесхыркъым –
Уэ пщӀащ апхуэдэу.
11Уи удынхэр къыстумыгъэхуэж,
секӀуэдылӀащи сызэрыбгъэпшынэ Ӏэм#38:11 сызэрыбгъэпшынэ Ӏэ – евреибзэкӀэ: бииныгъэ..
12И бзаджэщӀагъэм папщӀэ
цӀыхур бгъэпшынэмэ,
щыгъыныр хъуным зэрехъулӀэу,
абы уасэ зыхуищӀыр уогъэкӀуэд.
Аращ, дэтхэнэ цӀыхури зы жьыкъэшэгъуэщ!
13Зиусхьэн, си тхьэлъэӀу къызэхэх,
къыщӀэдэӀу си джэ макъым;
си нэпсхэр жэуапыншэ умыщӀ.
Сыту жыпӀэмэ сыгъуэгурыкӀуэ къудейщ сэ УэркӀэ,
си адэжьхэм яхуэдэу, сыхэхэсщ.
14Нэ ӀейкӀэ укъызэмыплъ,
сигу гуфӀэгъуэм зэщӀищтэн лъэкӀыну,
итӀанэ щӀыгур сыбгынауэ
сремыпсэуж хуейми.

Currently Selected:

Уэрэд 38: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in