Уэрэд 35
35
35-нэ Уэрэд
ЦӀыхум и бзаджагъэмрэ Тхьэм и хьэлэлыгъэмрэ
1Пшынауэхэмрэ уэрэдыӀуэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Зиусхьэным хуэӀурыщӀэ Даут и уэрэд
2ЦӀыху бзаджэм
хабзэншагъэу зэрихьэм и макъ
абы игу къыщоӀу,
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ илъкъым абы игу.
3Сыту жыпӀэмэ ар зыщотхъуж,
Тхьэм абы и хабзэншагъэ
иужэгъуну игъуэтынукъым жеӀэ.
4Абы и жьэм къыжьэдэкӀ псалъэхэр
бзаджагъэщ, хьилагъэщ;
акъылкӀи зекӀуэжыркъым, фӀы илэжьыжыркъым.
5И гъуэлъыпӀэм абы гухэлъ бзаджэхэр
щызэхелъхьэ, гъуэгу мыгъуэм тохьэ,
е лэжьыным зыщидзеижыркъым абы.
6Зиусхьэн! Уэ уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр
уафэхэм нос,
щыпкъагъэу къытхууиӀэр
пшэхэм нос!
7Тхьэм и къущхьэхэм яхуэдэщ уи захуагъэр,
уи хьэкумхэр хым и кууупӀэм ещхьщ!
цӀыхуи былыми уахуэгумащӀэщ, Зиусхьэн!
8Сыту лъапӀэ дыдэ, си Тхьэ,
уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр!
Уи дамэхэм
цӀыхухэм щхьэегъэзыпӀэ щӀагъуатэ;
9Уи унэм и мылъкукӀэ ахэр машхэ,
Уи фӀыгъэм ипскӀэ
абыхэм загъэнщӀ.
10Сыту жыпӀэмэ Уэращ гъащӀэм и къэкӀуапӀэр;
Уэ уи нэхунэм щыдолъагъу дэ нэхугъэ.
11Уэ узыщӀэхэм лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж
яхуэпщӀ зэпытщ,
гъуэгу захуэм ирикӀуэхэм
уи фӀыгъэ ялъэӀэс зэпытщ.
12Къыстремыувэ цӀыху пагэм и лъакъуэ,
цӀыху бзаджэм и ӀэмыщӀэ сремыхуэ.
13ЯӀу егъэзыхауэ щылъщ бзаджащӀэхэр,
кърадзыхащ,
къэтэджыжыни ялъэкӀыркъым.
Currently Selected:
Уэрэд 35: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017