YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 34

34
34-нэ Уэрэд
Хьэзаб хэт цӀыхум и тхьэлъэӀу
Даут и уэрэд
1Сызыгъэбийхэр гъэбий, Зиусхьэн,
къызэбэнхэм ебэн.
2МэӀури афэджанэри къащти,
дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъу.
3Бжыри уэщри къэӀэти,
сыкъезыхуэкӀхэм ебэн;
си псэм къыжеӀэ: «Сэращ ухэзышыжынур!»
4ЕмыкӀу кърехь, напэншэ ирехъу
си псэм къещэхэр;
зэщӀрекӀуэж, я напэр трырекӀ,
зигу бзаджагъэ къысхуихьэхэр.
5ЩӀым жьыбгъэм щызэрихьэ къэрэкъурэм хуэдэ
ирехъу ахэр,
Зиусхьэным и мелыӀычым ирырехужьэ.
6КӀыфӀ, цӀэнтхъуэрыгъуэ ирехъу
абыхэм я гъуэгур,
Зиусхьэным и мелыӀычым кърырехуэкӀ.
7Сыту жыпӀэмэ лажьэ симыӀэу
сэр папщӀэ абыхэм щӀауфащ я хъыр;
лажьэ симыӀэу, мащэ схуатӀащ абыхэм.
8Ажалыр къахурес абыхэм
уащхъуэдэмыщхъуэу;
сэр папщӀэ щӀауфа хъым
езыхэр ирехуэж;
ирехуэж абы икӀуэдэну.
9Зиусхьэным гуфӀэгъуэ хэзгъэгъуэтэнщ
абы щыгъуэ;
абы сыкъригъэлащи, сыхуэгуфӀэнщ.
10СигукӀи си псэкӀи жысӀэнщ:
«Зиусхьэн! Хэт Уэ пхуэдэр –
гуащӀаджэр лъэщым ӀэщӀэзыхыу,
тхьэмыщкӀэмрэ зыри зимыӀэхэмрэ
зыужьыгуахэм къаӀэщӀэзыхыжыр?»
11Щыхьэт нэпцӀхэр къыспэуващ сэ:
сызыщымыгъуазэхэмкӀэ сагъэкъуаншэ.
12Си фӀыщӀагъэм
бзаджагъэр къыпагъэуври,
сигу ягъэкӀуэд.
13Ахэр щысымаджэм
щыгъуэ щыгъынхэр зыщыстӀагъэри,
гугъу задезгъэхьащ, сынэщӀурэ
Тхьэм сахуелъэӀуащ, си щхьэ ухуауэ.
14Си ныбжьэгъу, си къуэш сахуэщыгъуэ хуэдэу,
садызекӀуащ;
си анэ щхьэкӀэ сыщыгъуэ хуэдэу,
сыкъекӀуэкӀащ, си щхьэ ухуауэ,
сынэщхъейуэ сахэтащ.
15Ауэ сэ сыщылъэпэрапэм,
ахэр гуфӀэурэ зэгухьэжащ;
къысщыдыхьэшхыурэ, зэщӀыгъуу саубурэ,
фӀеягъэу къысхужаӀэнум
гъунэ хуащӀакъым.
16УкӀытэ ямыӀэу,
щӀэнэкӀалъэ сащӀ зэпытащ,
я дзэхэр къысхузэрагъэшхащ.
17Зиусхьэн! Сыт хуэдизрэ уеплъыну абы?
Я залымыгъэхэм саӀэпыхыж,
си гъащӀэр ящыхъумэ аслъэнхэм.
18Уи щытхъу щыжысӀэнщ зэӀущӀэшхуэм,
цӀыху Ӏувым сыхэту
щытхъу щыпхужысӀэнщ сэ.
19Сэ сызыгъэбий хьилэшыхэр
си насыпыншагъэ щремыгуфӀыкӀ,
сыхьэкъыншэу си жагъуэгъухэр
си тхьэмыщкӀагъэм иремыгъэгуфӀэ.
20Сыту жыпӀэмэ ахэр зылъыхъур
зэгурыӀуэныгъэкъым;
щӀыгум мамыру тетхэм пэувауэ,
хьилагъэхэр зэхалъхьэ абыхэм.
21Я жьэхэр къыстраунащӀэ; жаӀэ:
«Дэгъуэщ! Дэгъуэщ!
Ди нэкӀэ тлъэгъуащ пщӀахэр».
22Уэ плъэгъуащ, Зиусхьэн, зумыущэху,
спэжыжьэ зумыщӀ, Зиусхьэн!
23Сыкъэлъагъу, си хьэкъ къызэптыну,
къэтэдж,
си дэуэгъум сыщыпхъумэну,
си Тхьэ, си Зиусхьэн!
24Уэ щыпкъагъэу пхэлъымкӀэ
си хеягъэ къыхэгъэщ, Зиусхьэн, си Тхьэ,
си тхьэмыщкӀагъэ щремыгуфӀыкӀ.
25ЯгукӀэ жремыӀэ:
«Дэгъуэщ! Дигу тепщэхащ».
Абыхэм жремыӀэ: «Абы и Ӏуэху дыухащ».
26ЕмыкӀу кърехь, напэншэ ирехъу
си насыпыншагъэ щыгуфӀыкӀхэр;
укӀытэм, емыкӀум хрырет
къыспэувауэ зызыгъэинхэр.
27Си хеягъэ къыхэщыну хуейхэр
ирегуфӀэ, иренэжэгужэ,
зэпымыууэ жрыреӀэ: «Езым хуэӀурыщӀэм
фӀыгъуэ игъуэтыным щыгуфӀыкӀ
Зиусхьэныр инщ!»
28Уэ уи щыпкъагъэрэ уи щӀыхьрэ
си бзэгум махуэ еным иӀуэтэнщ.

Currently Selected:

Уэрэд 34: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in