YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 33

33
33-нэ Уэрэд
Тхьэм и захуагъэм и щӀыхь
1И акъыл имытыж хуэдэу Абимэлэк и пащхьэм зыкъыщищӀри, абы деж кърахуу щыхыхьэжым, Даут иуса уэрэд.
2Сыт хуэдэ уахътыи
щӀыхь хуэсщӀынщ Зиусхьэным;
Абы и щӀыхьыр си бзэгу телъ зэпытынщ.
3ЗиусхьэнымкӀэ зыщытхъужынщ гууэ сиӀэр,
къызэхахынщи, къэгуфӀэнщ
хэутэн ящӀа цӀыхухэр
4ФысщӀыгъуу вгъэлъапӀэ Зиусхьэныр,
и цӀэр лъапӀэу къэдвгъэӀэт дызэгъусэу.
5Зыхуэзгъэзащ сэ Зиусхьэным,
Абы жэуап къызитри,
шынагъуэу сиӀэ псоми саӀэщӀихыжащ.
6Зи нэплъэгъуэ Абы хуэзыгъазэхэм
я нэгум нэхунэр щӀэзщ,
напэншэ хъункъым ахэр.
7Мы тхьэмыщкӀэр Тхьэм елъэӀуащ,
Зиусхьэным ар къызэхихри,
и къин псоми яхишыжащ.
8Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хузиӀэхэр
къехъумэ Абы и мелыӀычым,
яхешыж къиныгъэу яӀэм.
9Зиусхьэныр зыхуэдэр фыуплъэкӀуи,
зэрыфӀыр флъагъунщ.
Гъуэгу махуэ теуващ щхьэегъэзыпӀэкӀэ
Абы зыхуэзыгъазэр.
10Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀ фигу ивгъэлъ
фэ, Абы и цӀыху лъапӀэхэм,
сыту жыпӀэмэ Абы щышынэхэр
зыми хуэныкъуэкъым.
11Аслъэн шырхэм щыщӀагъэ яӀэщ,
мэмэжалӀэ,
ауэ Зиусхьэным зыхуэзыгъазэр
сыт хуэдэ фӀыгъэми щыщӀэркъым.
12НыбжьыщӀэхэр си деж фыкъакӀуи,
фыкъызэдэӀу,
Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хувиӀэну
сэ фызгъэсэнщ.
13Псэун фӀэигъуэу,
фӀыгъуэр игъуэтын папщӀэ,
гъащӀэ кӀыхь иӀэным
щӀэмыхъуэпс цӀыху щыӀэ?
14Уи бзэгум жомыгъэӀэ бзаджагъэ,
уи жьэм къыжьэдумыгъэкӀ хьилагъэхэр.
15Бзаджагъэм зыщыдзей, фӀыгъэр щӀэ;
мамырыгъэм зыхуэгъази, и ужь ихьэ!
16Зиусхьэным и нэхэр
Езым хуэщыпкъэхэм яхуэгъэзащ,
и тхьэкӀумэхэр – я джэ макъым.
17Ауэ Зиусхьэным и нэгу яхуигъазэркъым
бзаджащӀэхэм –
игъащӀэкӀэ ахэр
ягу къащымыкӀыжынхэу щӀыгум.
18Езым хуэщыпкъэхэр къадэӀэпыкъуну щелъэӀукӀэ,
Зиусхьэным ахэр зэхех,
я тхьэмыщкӀагъуэ псоми хешыж.
19Зиусхьэныр япэблагъэщ зигу кӀуэдахэм,
зигукӀэ зэхэукӀахэр
Абы къиныпӀэм кърешыж.
20Тхьэм хуэщыпкъэм
къину ишэчыр бэ мэхъу,
ауэ а псоми
ар яхешыж Зиусхьэным.
21Абы и къупщхьэхэм Ар яхуосакъ:
абыхэм ящыщ гуэри къутэнкъым.
22Ем екӀуэдылӀэнщ цӀыху бзаджэр;
Тхьэм щыпкъагъэ хузиӀэр
зылъагъу мыхъухэм
я мысагъэ къалъысыжынщ.
23Езым хуэӀурыщӀэхэм я щхьэр
ещэхуж Зиусхьэным,
щхьэегъэзыпӀэу Абы зыхуэзыгъазэхэр
игъэкъуэншэнукъым.

Currently Selected:

Уэрэд 33: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in