YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 31

31
31-нэ Уэрэд
Гуэныхьхэм уахущӀегъуэжынымрэ ахэр Тхьэм къыпхуигъэгъунымрэ
Даут и уэрэд. АкъылыфӀагъэм и уэрэд
1Гъуэгу махуэ теуващ
зи хабзэншагъэ зыхуигъэгъуу,
зи гуэныхьыр Тхьэм зыхуигъэкӀуэдар.
2Гъуэгу махуэ теуващ
Зиусхьэным бзаджагъэ зыхуимылъагъур,
зигу хьилагъэ имылъыр!
3Си гуэныхьыр зэрызущэхуам
махуэ енкӀэ сигъэщэӀуурэ
си къупщхьэр щыным нэсащ.
4Сыту жыпӀэмэ жэщми махуэми
уи Ӏэр сэ къыстехьэлъэ зэпытащ,
гуащӀэу схэлъри, гъэмахуэ уэгъум
игъэхуэлакъэ жыпӀэну,
сӀэщӀэкӀуэдащ.
5Ауэ сэ гуэныхьу сщӀар уэсхьэлӀащ,
бзаджагъэу сщӀари пщызущэхуакъым;
сэ жысӀащ: «Зиусхьэным и пащхьэ ислъхьэнщ
си хабзэншагъэхэр»,
абы щыгъуэ си гуэныхьыр схуэбгъэгъури,
си къуаншагъэр Уэ сщхьэщыпхащ.
6Абы папщӀэ, игъуэм деж,
Тхьэм фӀэлӀыкӀ хузиӀэ
дэтхэнэри кърелъэӀу,
абы щыгъуэ, псышхуэхэр къыщиукӀэ,
ахэр абы къылъэӀэсынкъым.
7Уэ – узихъумапӀэщ;
къин сыхэхуэмэ, сыкъыбохъумэ,
сызэрыхэпшыжым и гуфӀэгъуэм сыхыбогъэт.
8«Акъыл уэзгъэщӀэнщ, гъуэгуу
узэрыкӀуэнур уэзгъэщӀэнщ,
къыбгурызгъэӀуэнщ, си нэӀэ птезгъэтурэ».
9«Шым, къыдыру зэхэщӀыкӀ зимыӀэм
фахуремыдэ,
ӀурыщӀэ пхуэхъун папщӀэ,
зи жьэпкъым шхуэӀу
жьэдэлъхьэн хуейм хуэдэу».
10ЦӀыху бзаджэм къиныгъэр къобэкӀ,
ауэ Зиусхьэным щыгугъым
фӀыгъуэр къещӀэкӀащ.
11Зиусхьэныр фигу илъу фыгуфӀэ,
фыгуфӀэ щыпкъагъэ зиӀэхэр;
гуфӀэгъуэшхуэм фыхэту,
зигукӀэ захуагъэ зиӀэ псоми
Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ макъ ӀэтакӀэ!

Currently Selected:

Уэрэд 31: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in