Уэрэд 30
30
30-нэ Уэрэд
Тхьэм ущыгугъыным и тхьэлъэӀу
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
2Уэ, Зиусхьэн, щхьэегъэзыпӀэ узощӀ,
емыкӀу къызремыхь игъащӀэкӀэ,
гугъуехьым сыхэшыж уи щыпкъагъэкӀэ.
3Уи тхьэкӀумэр къысхуэгъази,
къиным сыкъыхэшыж псынщӀэӀуэу,
Уэ абрэмывэ хъумапӀэ,
быдапӀэ лъэщ къысхуэхъу.
4Сыту жыпӀэмэ Уэ умывэбгщ, убыдапӀэщ сэркӀэ,
уи цӀэм и хьэтыркӀэ
сызешэ сэ, сыгъэӀурыщӀэ.
5Щэхуу къысхуагъэува хъым
сыкъишыж,
си щхьэегъэзыпӀэр Уэращи.
6Уи ӀэмыщӀэ зызолъхьэ;
си щхьэр къэпщэхужащ Уэ, Зиусхьэн,
Тхьэуэ сызыщыгугъ.
7Сэ слъагъу хъуркъым
тхьэ мыфэмылхэр зыгъэлъапӀэхэр,
сэ сызыщыгугъыр Зиусхьэнырщ.
8СигъэгуфӀэнущ сэ уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым,
дэрэжэгъуэ къызитынущ,
сыту жыпӀэмэ къэплъэгъуащ си тхьэмыщкӀагъэр,
си къинхэм уащыгъуазэщ Уэ.
9Си бийхэм я ӀэмыщӀэ сиплъхьакъым;
си лъэр хуиту бгъэуващ.
10ГущӀэгъу къысхуэщӀ, Зиусхьэн,
сыту жыпӀэмэ гузэвэгъуэм сызэлъиубыдащ;
нэщхъеягъуэм иригъэгъукӀащ си нэр,
сигури си Ӏэпкълъэпкъри гъуащ.
11Нэщхъеягъуэм еух си гъащӀэр
си илъэсхэр – гызын, щэӀуным,
къарууншэ сащӀащ си къинхэм#30:11 къинхэм – евреибзэкӀэ «бзаджагъэхэм».,
мэщащэ си къупщхьэхэр.
12Си бийхэми
си гъунэгъу дыдэхэми – псоми сауб,
си нэӀуасэхэмкӀи шынагъуэ сыхъуащ:
уэрамым къыщызихьэлӀэхэр збгъэдож.
13ЛӀам хуэдэу сащыгъупщащ;
хьэкъущыкъу къутам сыхуэдэщ.
14Сыту жыпӀэмэ цӀыху куэд зэӀущащэу зэхызох;
шынагъуэр къызобгъэрыкӀуэ лъэныкъуэ псомкӀи,
сэ къысхущӀэбжэу зэрыгъэӀущыжурэ,
си псэр хахыну зэгуроӀуэ.
15Ауэ Уэ сыпщогугъ, Зиусхьэн;
сэ жызоӀэ: «Сэ си Тхьэр Уэращ».
16Си махуэхэр Уи Ӏэ илъщ;
си бийхэми сыкъезыхуэкӀхэми саӀэщӀэхыж.
17Уи нэгум и нэху сэ, уи ӀурыщӀэм,
къыстегъапсэ,
Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжкӀэ
сымыкӀуэду сыкъегъэл.
18Зиусхьэн! ЕмыкӀу къызумыгъэхь,
сызэлъэӀур Уэращ:
бзаджащӀэхэм кърехь емыкӀу,
хьэдрыхэ бзэншэм ирекӀуэ.
19Бзэгузехьэ пцӀыупсхэр бзагуэ ирехъу –
пагэхэу, Тхьэм хуэщыпкъэхэр кърамыдзэу,
мыхъун хужызыӀэхэр.
20Уэ узыгъэлъапӀэхэм папщӀэ
сыту бэ фӀыгъэу Уэ уиӀэр,
цӀыхухэм я пащхьэкӀэ щхьэегъэзыпӀэу
Уэ зыкъыпхуэзыгъазэхэм
папщӀи бгъэхьэзырауэ.
21Уэ ахэр бырсыр къэзыӀэтхэм
уи нэгу щӀэту ящыбохъумэ,
убакӀуэхэр къомыгъэгуэуэну
хъумапӀэ ябогъэгъуэт.
22Зиусхьэным щӀыхь хузощӀ,
бийхэр зытебанэ къалэм сыщыщыӀам,
и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж щӀагъуэр
къыслъигъэӀэсащи.
23Гузэвэгъуэм сыхэту жысӀэгъащ сэ:
«Сыкъипхуащ уи Ӏэгъуэблагъэм»,
ауэ укъыздэӀэпыкъункӀэ сыныщолъэӀум,
си лъэӀу макъ къызэхэпхащ.
24Фэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми,
фӀыуэ флъагъу, Зиусхьэныр;
Зиусхьэным къехъумэ хуэщыпкъэхэр,
ауэ пагэу зекӀуэхэр
егъэпшынэ Абы ирикъун хуэдизкӀэ.
25Зывгъэбыдэ, лӀыгъэ зыхэвгъэлъ
Зиусхьэным пэплэхэм, щыгугъхэм!
Currently Selected:
Уэрэд 30: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017