YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 3

3
3-нэ Уэрэд
Зэман шынагъуэм Тхьэм ущыгугъыныр
1Езым и къуэ Абшалом къыщыӀэщӀэкӀыжам щыгъуэ. Даут иуса уэрэд
2Зиусхьэн! Сыту куэд зэрыгъэхъуа си бийхэр!
Сагъэбийуэ, куэдым зыкъыспаӀэт.
3Сэ къыстепсэлъыхьу, куэдым жаӀэ:
«Утыкум ар Тхьэм къринащ».
4Ауэ Уэращ, Зиусхьэн, мэӀуу сыкъэзыхъумэр,
текӀуэныгъэр сэзыгъэгъуэту,
си щхьэр лъагэу сэзыгъэӀэтыр.
5Зиусхьэным соджэ,
Цион Ӏуащхьэ лъапӀэм тету,
Абы сызэхех.
6Сигу псэхуауэ согъуэлъри сожей,
сыкъотэджыж,
сыту жыпӀэмэ си щӀэгъэкъуэнщ Зиусхьэныр.
7Абы къыхэкӀкӀэ сащышынэркъым
дэнэкӀи къикӀыурэ
сэ сызыгъэбий цӀыху мин бжыгъэхэм.
8Сыкъэлъагъу, Зиусхьэн!
СымыкӀуэдыну сыкъегъэл, си Тхьэ!
Бийуэ сиӀэ псоми
я нэкӀур яхущӀыбоуд,
цӀыху бзаджэхэм
я дзэхэр яхубогъэщащэ.
9Зиусхьэныращ текӀуэныгъэ къыдэзыгъэхьыр.
Уи нэфӀ щрехуэ Уи лъэпкъым.

Currently Selected:

Уэрэд 3: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in