Уэрэд 2
2
2-нэ Уэрэд
ФӀэлӀыкӀ хувиӀэу, Тхьэм фыхуэлажьэ
Даут и уэрэд
1Сыт щхьэкӀэ зэрыхьзэрийрэ цӀыху лъэпкъхэр,
Ӏуэху пщӀэншэхэр щӀызэрахъэр
сыт цӀыху лъэпкъхэм?
2Сыт зыкъызыхуаӀэтыр щӀым щытепщэхэр,
зэгуроӀуэ тепщэныгъэ зиӀэхэр,
Зиусхьэнми Абы Хихами#2:2 Хихами – Израил и пащтыхьырщ. пэувыжхэу?
3«Зэпыдудынщ абыхэм я пщэхъухэр,
я Ӏэхъулъэхъухэм даӀэщӀэкӀынщ».
4Ящодыхьэшх уафэм щыпсэур,
ящӀонакӀэ абыхэм Зиусхьэныр.
5Губжьым хэту, епсэлъэнщ Ар,
Абы и губжьышхуэм
ахэр игъэшынэнщ, мыр яжриӀэурэ:
6«Си Ӏуащхьэ лъапӀэу Ционым#2:6 Цион – япэрауэ къикӀыр – Даут и къалэ (Даут и зауэлӀхэм яубыда быдапӀэр арщ), етӀуанэ мыхьэнэр: Тхьэм и унэшхуэр зытета Ӏуащхьэ, зэми Ерусалим.
тепщэныгъэр щиӀыгъыну
си пащтыхьыр тезгъэуващ».
7Зиусхьэным иухэсар жысӀэнщ:
Абы сэ къызжиӀащ: «Уэращ си Къуэр,
Адэ сыпхуэхъуащ нобэ.
8Сэ къызэлъэӀуи,
цӀыху лъэпкъхэри тыгъэ лъапӀэу,
щӀылъэри зэрыщыту
уи Ӏэ илъыну уэстынщ;
9уи тепщэныгъэ башкӀэ абыхэм уеуэнщ;
кхъуэщыным хуэдэу ахэр зэхэпкъутэнщ уэ».
10Аращи, пащтыхьхэ, акъыл зэвгъэгъуэт;
зывгъасэ, щӀым тепщэныгъэ щызиӀэхэ.
11Зиусхьэным фыфӀэлӀыкӀыурэ фыхуэлажьэ,
фи гур къилъэту фыгуфӀэ*.
12Зиусхьэныр вгъэлъапӀэ#2:11; 2:12 – евреибзэкӀэ и мыхьэнэр ӀупщӀкъым.,
Ар къыфхуэмыгубжьын,
фызытет гъуэгум фытемыкӀуэдэн папщӀэ;
сыту жыпӀэмэ Абы и губжьыр щӀэх къызэщӀэплъэнущ.
Гъуэгу махуэ теуващ
Абы щхьэегъэзыпӀэкӀэ зыхуэзыгъазэ псори.
Currently Selected:
Уэрэд 2: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017