Уэрэд 25
25
25-нэ Уэрэд
ЦӀыху хейм и тхьэлъэӀу
Даут и уэрэд
1Сызэрыхейр къыхэгъэщ, Зиусхьэн,
мыхъун збгъэдэмылъу сызекӀуащи,
Зиусхьэным сыщогугъ сэ,
сигукӀэ шэч къытезмыхьэу.
2Сыгъэунэху, Зиусхьэн, сыуплъэкӀу;
си гуи си пси гъэунэху;
3сыту жыпӀэмэ Уэ уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр
си нитӀкӀэ солъагъу,
щыпкъагъэ пхузиӀэу сопсэу#25:3 «Щыпкъагъэ пхузиӀэу сопсэу» е «Уи щыпкъагъэкӀэ сопсэу»..
4ЦӀыху хьилэхэм садэтӀысыркъым сэ,
напитӀ зиӀэ цӀыхухэми сахыхьэркъым.
5БзаджащӀэхэм я гупыр
слъагъу хъуркъым,
цӀыху щӀэпхъаджэхэми гъусэ сахуэхъуркъым.
6Си Ӏэ хейхэр стхьэщӀурэ, Зиусхьэн,
къызокӀухь уи къурмэнщӀыпӀэр,
7фӀыщӀэ зыхэлъ уэрэд жысӀэурэ,
уи Ӏуэху щӀагъуэхэр яхузоӀуатэ.
8Зиусхьэн! Уэ уи унэ псэупӀэ
фӀыуэ солъагъу,
уи щӀыхьым и псэупӀэри аращ.
9Си псэр ядыхомых гуэныхьыщӀэхэм,
лъым щӀэнэцӀхэм садомыгъэкӀуэд –
10ер зылэжьу, зи Ӏэ ижьым
Ӏулъхьэр из зыщӀахэм.
11Сэ сызэрыкъабзэу сопсэу;
сыхэшыж, гущӀэгъу къысхуэщӀ.
12Сэ гъуэгу захуэм сытетщ;
Зиусхьэным и щӀыхьыр щысӀуэтэнщ зэхуэсышхуэм.
Currently Selected:
Уэрэд 25: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017