YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 24

24
24-нэ Уэрэд
Зэман шынагъуэм и тхьэлъэӀу
Даут и уэрэд
1Си гур уи деж ныдызохьей, Зиусхьэн.
2Уэ сыпщогугъ, си Тхьэ!
ЕмыкӀу къызремыхь,
си бийхэр къысщремыгуфӀыкӀ.
3ЕмыкӀу къремыхь
Уэ къыпщыгугъ псоми;
егъэзыпӀэ хэмыхуауэ хьилагъэ зезыхьэхэм
кърехь емыкӀу.
4Сыгъэлъагъу, Зиусхьэн, уи гъуэгухэр,
сащыгъэгъуазэ уи лъагъуэхэм.
5Уи щыпкъагъэм и гъуэгум
сытегъэуви, сыщыгъасэ,
Уэращ Тхьэуэ сыкъезыгъэлыр;
Махуэ еным сыпщогугъ.
6Уи гущӀэгъурэ уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжрэ
Уигу кърырекӀыж, Зиусхьэн, –
ахэр кӀэи пэи зимыӀэщ.
7Си щӀалэгъуэм гуэныхьу сщӀахэр,
си хабзэншагъэхэр уигу ирыремылъ.
Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым,
уи фӀыгъэм я хьэтыркӀэ
уигу сигъэлъ зэпыт, Зиусхьэн!
8ФӀыщ икӀи захуэщ Зиусхьэныр;
гуэныхьщӀэхэм Абы
гъуэгу тэрэзыр ягурегъаӀуэ.
9Пагагъэ зигу имылъхэр щыпкъагъэм хуеузэнщӀ,
хуегъасэ ахэр и гъуэгум.
10И лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжкӀэ,
щыпкъагъэкӀэ ядызокӀуэ Зиусхьэныр
Абы и зэгурыӀуэныгъэрэ
и псалъэ гъуазэхэмрэ зыгъэзащӀэхэм.
11Уи цӀэм и хьэтыркӀэ, Зиусхьэн,
къысхуэгъэгъу си къуаншагъэр,
ар ин дыдэщи.
12Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хуизыӀэм
къыхихын хуей гъуэгур къригъэлъагъунщ Абы.
13Ар псэукӀэ хуэщӀам хэт зэпытынщ,
быну къыщӀэхъуэм щӀыгур къаритынщ.
14ФӀэлӀыкӀ хуизыӀэхэр
и гухэлъхэм щегъэгъуазэ Зиусхьэным,
ядищӀа зэгурыӀуэныгъэр
зэрыщыпкъэр ягу къегъэкӀыж.
15Си нэплъэгъуэ Зиусхьэным
хуэгъэза зэпытщ;
сыту жыпӀэмэ Абы хъым
кърехыж си лъакъуэхэр.
16Зыкъысхуэгъази, гущӀэгъу къысхуэщӀ,
сыту жыпӀэмэ си закъуэщ, хэутэн сащӀащ.
17Къахэхъуащ си нэщхъеягъуэхэм,
си гузэвэгъуэхэм – сакъыхэшыж.
18Къину сызыхэти си гукъеяуи уи нэӀэ къытедзи,
къысхуэгъэгъу си гуэныхьхэр псори.
19Си бийхэм къеплъ:
сыту куэд хъурэ ахэр,
залымхэу;
сыту къыстеплъэ мыхъурэ ахэр!
20Къэхъумэ си псэр, сыхэшыж,
емыкӀу къызумыгъэхь,
Уэ щхьэегъэзыпӀэу зыпхуэзгъэзащи.
21Сыкърехъумэ къабзагъэмрэ щыпкъагъэмрэ,
Уэ сыпщогугъри.
22Израилыр и тхьэмыщкӀагъуэ псоми
яхэшыж Уэ, си Тхьэ.

Currently Selected:

Уэрэд 24: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in