YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 23

23
23-нэ Уэрэд
ЩӀыхьышхуэ зиӀэ пащтыхьыр
Даут и уэрэд
1Зиусхьэным и Ӏэ илъщ
щӀыгури абы щыӀэ псори;
дунеишхуэри абы щыпсэу псори;
2Ар Абы хыхэм ятригъэувэри,
псыхэм щигъэбыдащ#23:2 еплъ ЩӀэдзапӀэм 1:9-10..
3Хэт Зиусхьэным и Ӏуащхьэ#23:3 Зиусхьэным и Ӏуащхьэ – Ерусалим щыӀэ Ӏуащхьэу Тхьэм и унэшхуэр зытригъэувар арщ. дэкӀуеину,
хэт Абы и щӀыпӀэ лъапӀэм иувэну хуитыр?
4Зи Ӏэхэр къабзэу, зигу хейр,
зигу бзаджагъэм хуэзымыгъазэу,
тхьэрыӀуэ нэпцӀ зымыщӀыр арщ.
5А цӀыхуращ Зиусхьэным и нэфӀ
зыщыхуэнур,
а цӀыхум и хеягъэр
КъегъэлакӀуэ Тхьэм къыхигъэщынщ.
6Апхуэдэщ Абы лъыхъухэр,
и нэгу зыхуэзыгъазэр Екъуб и Тхьэм.
7Фэ, къалэ куэбжэхэ, фыкъызэӀукӀ,
фэ, бжэ уахътыншэхэ, зыкъызэӀуфх,
щӀыхьышхуэ зиӀэ Пащтыхьыр
къихьэн папщӀэ.
8Хэт щӀыхьышхуэ зиӀэ пащтыхьыр?
Зиусхьэну быдэр, лъэщыр,
зауэ гуащӀэшхуэ щызиӀэр арщ.
9Фэ, къалэ куэбжэхэ, фыкъызэӀукӀ,
фэ, бжэ зэи мыкӀуэдыжхэ, зыкъызэӀуфх,
щӀыхьышхуэ зиӀэ Пащтыхьыр
къихьэн папщӀэ.
10Хэт щӀыхьышхуэ зиӀэ Пащтыхьыр?
Нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Зиусхьэныр арщ
щӀыхьышхуэ зиӀэ Пащтыхьыр.

Currently Selected:

Уэрэд 23: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in