Уэрэд 18
18
18-нэ Уэрэд
Зиусхьэным и хабзэ
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
2Тхьэм и щӀыхьыр яӀэт уафэхэм,
и ӀэщӀагъэм и хъыбар еӀуатэ уафэлъащӀэм.
3Тхьэм и щӀыхьыр зы махуэм
адрей махуэм лъегъэӀэс,
зы жэщым адрей жэщым
ирегъащӀэ Тхьэм и хъыбар.
4ЩыӀэкъым бзэ, щыӀэкъым псалъэ,
абыхэм я макъ къэӀуркъым.
5Абыхэм я макъыр къыщокӀуэкӀ зэрыщӀыгуу,
я псалъэхэр дуней гъунапкъэхэм нос.
Дыгъэм и псэупӀэр Тхьэм
абыхэм яхигъэуващ.
6КъэзышагъащӀэр
и фызыр зэрыс унэм къызэрикӀым хуэдэу,
ар къыкъуокӀ, цӀыху жэру
къэжапӀэр къызэрижыхьынум щыгуфӀыкӀым хуэдэу.
7Ар зы уафэ гъунэм къыщожьэ,
адрей уафэ гъунэм нэсу къекӀухь,
и хуабэ здынэмыс щыӀэкъым.
8Зиусхьэным игъэува хабзэр щыщӀагъэншэщ,
уи гум и гуащӀэр егъэбыдэ,
Зиусхьэным и псалъэ гъуазэр щыпкъэ защӀэщ,
цӀыху къызэрыгуэкӀхэр абы акъылыфӀэ ещӀ.
9Зиусхьэным пщэрылъ къытхуищӀхэр тэрэзщ,
гур ягъэжан,
Зиусхьэным и унафэхэр нэхунэщ,
уагъэлъагъу щӀэныгъэр.
10Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀ къабзэщ,
игъащӀэкӀэ щыӀэнущ ар.
Зиусхьэным и хьэкумыр
щыпкъагъэщ икӀи захуагъэщ.
11Тхьэм и хьэкумхэр дыщэм хуэдэщ,
уеблэмэ дыщэ къабзэ куэд дыдэм йофӀэкӀ,
фохьэкум нэхърэ нэхъ ӀэфӀщ.
12Уэ уи ӀурыщӀэр абыхэм ягъасэ,
уагъэгъуазэмэ абыхэм – аращ ӀыхьэфӀыр.
13Хэт зи дагъуэхэр зыдэзыщӀэжыр?
ЗыдэзмыщӀэж дагъуэхэмкӀэ сыгъэкъабзэ.
14ЗыдэсщӀэж гуэныхьхэм
сэ, уи ӀурыщӀэр, сащыхъумэ –
абыхэм я Ӏэ илъ сымыхъуну.
Абы щыгъуэм сызэрагъэкъуэншэн гуэри
збгъэдэлъынкъым,
гуэныхьышхуэхэмкӀи сыкъэбзэнщ.
15Си жьэм къыжьэдэкӀ псалъэхэри
сигу илъхэри
Уэ уигу ирихьын ирехъу, Зиусхьэн,
Уэращ сыкъэзыхъумэ абрэмывэри
си щхьэ къэзыщэхужари.
Currently Selected:
Уэрэд 18: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017