Уэрэд 13
13
13-нэ Уэрэд
ЦӀыхухэм я бзаджагъэм хуагъэхь
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
1Акъылыншэм игукӀэ жеӀэ:
«ЩыӀэкъым Тхьэ».
Абыхэм напэншагъэхэр зэрахьэ,
ахэр щыкӀащ,
фӀы зылэжь яхэткъым.
2Зиусхьэныр уафэгум къоплъыхри,
дуней цӀыхухэм къахоплъэ,
акъыл зиӀэрэ Езым лъыхъурэ
яхэтмэ, зригъэлъагъуну.
3Тхьэм и гъуэгум текӀащ псори,
щхьэрыуэри гъуэщащ;
фӀы зыщӀэ яхэткъым – зы нэрыбги яхэткъым.
4Ер зезыхьэ псоми
зэхэщӀыкӀ ямыӀэу аращ –
щӀакхъуэ зэрашхым хуэдэу,
си цӀыху лъэпкъыр зышххэм,
Тхьэм емылъэӀухэм.
5Шынагъуэшхуэм зэлъиубыдынщ ахэр,
сыту жыпӀэмэ Тхьэр къыхуэпэжхэм
ящӀыгъущ.
6ЦӀыху тхьэмыщкӀэм гухэлъу иӀэр
вгъэкӀуэдыну жыфӀащ,
ауэ Зиусхьэныращ абы и щхьэегъэзыпӀэр.
7Цион Ӏуащхьэ къикӀыу,
хэт израил лъэпкъым къыхуэкӀуэнур
бийхэм къаӀэщӀихыжыну?
Зиусхьэным и лъэпкъыр гъэрыпӀэм
къыщришыжкӀэ,
Екъуб къытехъукӀахэр гуфӀэгъуэшхуэм
зэлъищтэнщ,
Израил и щылъхухэм къахуэкӀуэнщ
гурыфӀыгъуэшхуэ.
Currently Selected:
Уэрэд 13: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017