Уэрэд 14
14
14-нэ Уэрэд
Тхьэм и хьэщӀэ
Даут и уэрэд
1Зиусхьэн! Хэт Уэ уи унэ –
чэтэн унэ лъапӀэм
исыну зыхуэфащэр?
Хэт уи Ӏуащхьэ лъапӀэм
тесыну зэппэсыр?
2Мыхъун лъэпкъ зымылэжьу,
захуагъэм ирипсэууэ,
щыпкъагъэу игу илъыр
къэзыӀуатэр арщ;
3ИтӀани – цӀыхухэм пцӀы ятезымылъхьэу,
бзэгузехьэныр зи мыщэну,
зи зэран ныбжьэгъум езымыгъэкӀыу,
зи гъунэгъур зымыубыр арщ.
4Тхьэм ӀэщӀыб ищӀ цӀыхур
къизымыдзэу,
ауэ Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хуизыӀэхэм
лъытэныгъэ яхуэзыщӀыр арщ;
и ягъэ езым къекӀ пэтми,
и тхьэрыӀуэ емыпцӀыжыр арщ.
5Хэхъуауэ къратыжын щхьэкӀэ,
ахъшэ щӀыхуэ зымыту,
лажьэншэм егуэуэну
Ӏулъхьэ къеӀызымыхыр арщ.
Апхуэдэу псэур игъащӀэкӀэ
лъэпэрэпэнкъым.
Currently Selected:
Уэрэд 14: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017