Уэрэд 10
10
10-нэ Уэрэд
Зиусхьэным ущыгугъыныр
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
1Зиусхьэныр щхьэегъэзыпӀэ зыхуэсщӀащ;
сыт щхьэкӀэ къызжефӀэрэ:
«Фи къущхьэхэм лъэтэж бзум хуэдэу»?#10:1 бзум хуэдэу – евреибзэкӀэ «Уэ бзу, уи къущхьэ лъэтэж».
2Аращ, цӀыху бзаджэхэм
я шабзэ къаукъуэдиящ,
я шабзэшэ бзэпсым къыдалъхьащ,
щыпкъагъэр зигу илъхэм
кӀыфӀым хэту еуэн щхьэкӀэ.
3Хабзэхэр зэхэкъутамэ,
щыпкъагъэ зигу илъым
ищӀэн лъэкӀынур сыт?
4И унэшхуэ лъапӀэм исщ Зиусхьэныр,
Абы и тахътэр уафэгум итщ,
Абы и нэхэм ялъагъу;
Абы и нэплъэгъухэм
дунейм и цӀыхухэр ягъэунэху.
5Зиусхьэным щыпкъагъэ зиӀэмрэ
цӀыху бзаджэмрэ егъэунэху,
залымыгъэ зылэжьхэр
Абы игу техуэркъым.
6МафӀэлыгъэри тхъуэбзащхъуэри,
уэшхыр къызэрешхым хуэдэу,
Абы цӀыху бзаджэхэм къахуригъэхынущ,
узылыгъуэ жьыбгъэ пщтырыр
Ӏыхьэу яхуегъэфащэ Зиусхьэным.
7Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэныр захуэщ,
фӀыщӀагъэхэр и щӀасэщ;
щыпкъагъэ зиӀэр Абы и нэӀурытщ.
Currently Selected:
Уэрэд 10: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017