Уэрэд 9
9
9-нэ Уэрэд
Тхьэм и захуагъэм и щӀыхь
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «Мут-лабен»#9:1 Мут-лабен – музыкальнэ Ӏэмэпсымэ гуэрэн хуейщ. уэрэдым и макъамэр щӀэту. Даут и уэрэд
2Уи щӀыхьыр сӀуэтэнущ, Зиусхьэн,
гууэ сиӀэмкӀэ;
уи ӀэщӀагъэ гъэщӀэгъуэнхэр псори сӀуэтэнущ;
3сыгуфӀэнущ, уи хьэтыркӀэ гукъыдэж сиӀэнущ,
Уи цӀэм щӀыхь уэрэд хужысӀэнущ,
Уэращ псоми я нэхъ Лъагэр.
4УкъыщылъагъуэкӀэ йокӀуэт си бийхэр,
я лъэр зэронэ, мэкӀуэдхэ.
5Сыту жыпӀэмэ си Ӏуэхум хьэкум тепщӀыхьри,
сызэрыхейр ӀупщӀ пщӀащ.
Уэ тахътэм укъытетӀысхьащ –
хьэкумыщӀ захуэр.
6Хамэ лъэпкъхэр бгъэкъуэншащ,
бгъэкӀуэдащ цӀыху бзаджэхэр,
я цӀэхэр лӀэщӀыгъуэхэм игъащӀэкӀэ
хэбгъэкъэбзыкӀащ.
7ЛъапсэкӀуэдыр къахуэбгъэкӀуащ бийхэм,
я къалэхэр зэхэпкъутащ;
зыми ягу къэмыкӀыжу кӀуэдащ.
8Ауэ Зиусхьэныр и тахътэм тесынщ игъащӀэкӀэ;
хьэкум ищӀэну и тахътэр
къигъэуващ Абы.
9Дунеишхуэм хьэкумыр
щыпкъагъэкӀэ трещӀыхь Абы,
захуагъэ хэлъу цӀыху лъэпкъхэм
я Ӏуэхухэр зэхеху.
10Зиусхьэныр быдапӀэ яхуохъу
яужьыгуахэм,
махуаем Ар я хъумапӀэщ.
11Уи цӀэ зыщӀэхэр къыпщогугъ,
сыту жыпӀэмэ, Зиусхьэн,
Уэ зыкъыпхуэзыгъазэхэр
утыкум къибнэнкъым.
12Цион Ӏуащхьэм тес Зиусхьэным
и щӀыхь фӀуатэ,
Абы и ӀуэхущӀафэхэм я хъыбар
цӀыху лъэпкъхэм ялъэвгъэӀэс!
13Сыту жыпӀэмэ лъы зыгъажэр егъэпшынэ.
Гу лъетэ, зэхех
хэутэн ящӀахэм я гукъеуэ макъ.
14ГущӀэгъу къысхуэщӀ, Зиусхьэн;
сызылъагъу мыхъухэм
къину сагъэшэчым къеплъ Уэ,
лӀэныгъэм и куэбжэм сыкъызыӀушыжыр,
15Цион къалэм и куэбжэм
уи щӀыхь псори щысӀуэтэну,
сымыкӀуэду сыкъызэребгъэламкӀи сыгуфӀэну.
16Езыхэм ятӀа мащэм
хамэ лъэпкъхэр ихуэжащ;
щэхуу ягъэува хъым
я лъакъуэхэр илъэхъэжащ.
17Хьэкуму ятрищӀыхьамкӀэ
Зиусхьэным Езыр зыхуэдэр яригъэщӀащ;
цӀыху бзаджэр езым и ӀитӀкӀэ
илэжьам текӀуэдэжащ.
18ЦӀыху бзаджэ псори
хьэдрыхэ кӀуэнущ –
Тхьэр зыщыгъупщэ лъэпкъ псори.
19Сыту жыпӀэмэ дэхуэхар
Тхьэм зэи щыгъупщэнукъым,
тхьэмыщкӀэхэм я гугъэр кӀуэдынукъым.
20ЗыкъэӀэт, Зиусхьэн, тепщэныгъэр
цӀыхум иремыубыд,
хамэ лъэпкъхэр
уи хьэкум тахътэм и пащхьэм иреувэ.
21Шынагъэр ягу игъэлъ, Зиусхьэн;
зэрыцӀыху къудейр
ирещӀэж лъэпкъхэм.
22Сыт щхьэкӀэ, Зиусхьэн,
утпэжыжьэу ущыт?
Махуаем сыт щхьэкӀэ тпэӀэщӀэ зыпщӀрэ?
23ЦӀыху бзаджэр пагагъэкӀэ
тхьэмыщкӀэм йогуауэ:
езыхэм къагупсыс хьилагъэм
ахэр ӀэщӀрехуэж.
24Сыту жыпӀэмэ цӀыху бзаджэм
игукӀэ зыщӀэхъуэпсыр щӀыхьу зыхуелъагъуж;
мылъкум щӀэхъуэпсым Зиусхьэныр еуб,
нэмыплъ ирет.
25ЦӀыху бзаджэм зыкъыфӀощӀыжри,
Тхьэм зыхуигъазэркъым,
«Тхьэ щыӀэкъым» игукӀэ жиӀэ зэпытщ.
26Сыт хуэдэ зэмани зэӀухащ абы и гъуэгур,
Уи хьэкум лъагэм абы и нэплъэгъу нэсыркъым,
и бий псоми щӀонакӀэ ар.
27Абы игукӀэ жеӀэ: «Сылъэпэрэпэнкъым
игъащӀэкӀэ;
щӀэблэхэм я деж
мыхъун къыщызэхъулӀэнкъым игъащӀэкӀэ».
28Абы и жьэр щызэтрихкӀэ,
цӀыхухэр еуб, пцӀы яхуеупс, йобг.
И бзэгу щӀагъым
мыгъуагъи бзаджагъи щӀэлъщ.
29Жылэхэм защегъэпщкӀури,
япотӀыс цӀыхухэм;
тӀасхъапӀэ щӀыпӀэхэм
лажьэ зимыӀэр щеукӀ;
цӀыху насыпыншэм йоплъакӀуэ;
30аслъэным хуэдэу зиудыгъуауэ,
тхьэмыщкӀэм епхъуэну потӀыс;
тхьэмыщкӀэр еубыдри
и хъым ирегъахуэ.
31Зеухуэ, ятобанэ –
тхьэмыщкӀэхэр ӀэщӀохуэ
и лъэбжьанэ лъэщым.
32ИгукӀэ жеӀэ: «Тхьэм щыгъупщащ,
и нэхэр иуфӀыцӀащ,
игъащӀэкӀэ илъагъунукъым».
33Сыкъэлъагъу, Зиусхьэн, си Тхьэ,
уи Ӏэхэр ятешие,
хэутэн ящӀахэр зыщумыгъэгъупщэ.
34Сыт цӀыху бзаджэм и щӀыб
Тхьэм щӀыхуигъазэр,
игукӀэ жиӀэурэ: «Уэ сыбгъэпшынэнкъым»?
35Уэ уолъагъу, уакӀэлъоплъ
къыттехьэлъэми къыдэгуауэми,
ахэр уи Ӏэ къибгъэхьэну;
цӀыху насыпыншэм уи ӀэмыщӀэ зыкърелъхьэ;
ибэм уэ щӀэгъэкъуэну уриӀэ зэпытщ.
36ЦӀыху бзаджэмрэ
щӀэпхъэджащӀэмрэ зэтекъути,
гъэпшынэ ахэр –
нэмыщӀ мыхъумыщӀэ ямыщӀэжыным нэсыху.
37Зиусхьэныр щӀэблэхэм игъащӀэкӀэ пащтыхьынущ.
Абы и щыгум хамэ лъэпкъхэр текӀуэдыкӀынущ.
38Зиусхьэн! Хэутэн ящӀахэм яфӀэигъуэр
Ӏумпэм пщӀыркъым,
абыхэм ягухэр бгъэбыдэнущ;
уи тхьэкӀумэ яхуэбгъэзэнущ,
39ибэмрэ хэутэн ящӀахэмрэ
я хьэкъ ебгъэгъуэтыжыну,
лӀэн хуей цӀыхум адрей цӀыхухэр
залымыгъэкӀэ имыгъэшынэжыну.
Currently Selected:
Уэрэд 9: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017