ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4
4
4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1Аращи, фэ, фӀыуэ слъагъуу, си нэкӀэ слъагъуну сызыщӀэхъуэпс си къуэшхэ, си гуфӀэгъуэри, си тажри#4:1 таж – зэдэжэныгъэкӀэ е бэнэнкӀэ текӀуэныгъэр къэзыхьым таж хуагъэфащэрт. фэращ. Фэ, фӀыуэ слъагъухэр, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, гъуэгу захуэм быдэу фытетын хуейщ.
Паул ягуригъаӀуэ иужьрей Ӏуэхухэр
2Зиусхьэныр я псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Еводие Синтихие цӀыхубзхэм зы гупсысэкӀэ яӀэ хъуну солъэӀу. 3Уэ, къыздэлажьэ ныбжьэгъу пэжым, абыхэм уадэӀэпыкъуну сынолъэӀу. ХъыбарыфӀыр ӀуэтэнымкӀэ къыздэлэжьащ ахэр, Климентрэ адрей къыздэлажьэхэмрэ я гъусэу. Абыхэм я цӀэхэр мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтыну цӀыхухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым иратхащ.
4Фэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщхэр, сыт щыгъуи фыгуфӀэ. Иджыри зэ нывжызоӀэ, фыгуфӀэ. 5Фи гущабагъэр цӀыху псоми нахуэ яхурехъу. Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр къэблэгъащ. 6Зыми фремыгъэгузавэ, ауэ сыт ищӀыс Ӏуэхуми щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀуурэ, щӀыхь хуэфщӀурэ, фи дэӀэпыкъуэгъу хъуну фелъэӀуурэ, фызыхуэныкъуэр евгъащӀэ. 7Тхьэм къыбгъэдэкӀ гузэгъэгъуэу цӀыхухэм къагурыӀуэфынум нэхърэ куэдкӀэ нэхъ иным, фигури фи гупсысэхэри, Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, къихъумэнущ итӀанэ.
8ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, сытыр щыпкъэми, сытым щӀыхь хуэфащэми, сытыр захуагъэми, сытыр къабзагъэми, сытыр гурыхьми, сытыр гуапагъэми, сытыр хабзэфӀми, сытым щӀыхь хуэфащэми – абы фегупсыс. 9Ӏуэхуу сэ фэзгъэщӀахэри, къыфхуэзгъэнахэри, сэ къыжысӀэу зэхэфхахэри, сэ сщӀэуэ флъэгъуахэри вгъэзащӀэ. Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэр сыт щыгъуи фи гъусэнущ итӀанэ.
Кърата тыгъэм щхьэкӀэ Паул фӀыщӀэ зэрахуищӀыр
10Сэ аргуэру фыкъызэрызэгугъуар Зиусхьэныр си псэм щыщу, куэду си гуапэ хъуащ. Нэхъапэми фыкъызэгугъурт, ауэ фыкъыздэӀэпыкъуну Ӏэмал вгъуэтакъым. 11Сызыхуэныкъуэ гуэр щыӀэу аракъым ар щӀыжысӀэр, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыт къысщыщӀми, сигу сыарызыуэ зезгъэсащ. 12ТхьэмыщкӀагъэм сыхэтынри, беягъэм сыхэтынри зыхуэдэр сощӀэ. ЗызгъэнщӀами, сымэжалӀэми, сыбейми, сытхьэмыщкӀэми, сыт къысщыщӀми, дапщэщи сыарэзыуэ зезгъэсащ. 13ЛъэкӀыныгъэ къызэзыт Хьисэ Мэссихь и къарукӀэ псори сщӀэн слъэкӀынущ.
14Апхуэдэу щыт пэтми, сызыхэт гузэвэгъуэмкӀэ гъусэ фыкъызэрысхуэхъуар фӀыуэ фщӀащ. 15Фэ, Филиппи къалэм дэсхэм, зэрыфщӀэщи, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэн щӀэздзауэ Македоние хэкум#4:15 Македоние хэкур – еплъ 1:1. сыкъыщикӀым, дэӀэпыкъуэгъу хъунымрэ дэӀэпыкъуэгъум пэкӀуэр игъуэтыжынымрэ я ӀуэхукӀэ фэр фӀэкӀа члисэ зэхуэсхэм ящыщ зыри гъусэ къысхуэхъуакъым. 16Фессалоникэ къалэм#4:16 Фессалоникэ къалэр – Македоние хэкуу Рим къэралыгъуэшхуэм щыщым и къалэшхуэу щытащ. сыщыщыӀам, сызыхуэныкъуэр зыкъомрэ фи лӀыкӀуэхэм къысхуевгъэхьащ. 17Ар щӀыжысӀэр фи тыгъэм сыщӀэхъуэпсу аракъым, фи тыгъэм къыпэкӀуэу фӀы зэрывгъуэтынур арщ. 18Фи тыгъэ псори къысӀэщӀыхьащ, схурикъури къызэлыжащ. Епафродит#4:18 Епафродит – еплъ 2:25. къысхуевгъэхьа тыгъэхэр къысӀэщӀыхьащи, сызыхуэныкъуэ щыӀэкъым. Ахэр Тхьэм ищтэ къурмэныпхъэу и гум ирихьу, мэ ӀэфӀ къызыпихым хуэдэщ. 19Мэссихь Хьисэ фи гум хэлъщи, щӀыхьышхуэ зиӀэ и къулеигъэшхуэм хуэфащэу си Тхьэм фызыхуэныкъуэ псори къывитынущ.
20МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зейр Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэрщ. Ӏэмин.
Иужьрей фӀэхъус псалъэхэр
21Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм фӀэхъус схуефхыж. Си гъусэ къуэшхэм фӀэхъус къывахыж. 22Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фӀэхъус къывахыж, псом хуэмыдэу кесарым и унэшхуэм щыщхэм.
23Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ фи гум къыфщрехуэ. Ӏэмин.
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017