ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1
1
1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ФӀэхъус
1Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Хьисэ Мэссихь и апостол сыхъуащ. Ди къуэш Тимофей#1:1 Тимофей – Паул дэлажьэу, и гъусэхэм ящыщу щытащ. Еплъ Апостол. 16:1-3. си гъусэу, 2фэ, Колоссэ къалэм#1:2 Колоссэ къалэр – ар Рим къэралышхуэм щыщу Асие хэкум итащ. А хэкур иджырей Тыркум и къухьэпӀэ лъэныкъуэм итащ. Колоссэ къалэр а хэкум и къалэшхуэу Ефес зи цӀэм километр 175-кӀэ пэжыжьэу и ищхъэрэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм итащ. дэсу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу, Мэссихь зи псэм щыщу, абы хуэпэж къуэшхэм, мы тхылъыр ныфхузотх.
3Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.
Паул Тхьэм фӀыщӀэ зэрыхуищӀыр
Тхьэм дыфхуелъэӀуху къэс, Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэм фӀыщӀэ худощӀ, 4Мэссихь ХьисэкӀэ фиӀэ фӀэщхъуныгъэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмкӀэ фиӀэ фӀылъагъуныгъэмрэ я хъыбарыр зэхэтхащи. 5Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ щӀывиӀэр Тхьэм уафэм къыщыфхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀыр къызэрывитынум фыщыгугъыурэ фызэрыпэплъэр арщ. Фи деж нэса хъыбарыфӀым и псалъэ пэжхэмкӀэ Тхьэм къыфхуигъэхьэзыра фӀыгъуэм и хъыбарыр зэхэфхащ. 6Дуней псоми хъыбарыфӀым фӀыгъуэ къыхудокӀуэ, цӀыху нахъыбэм я дежи нэс зэпытщ. Апхуэдэу фи дежи щыхъуащ, хъыбарыфӀыр зэхэфхыу, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр пэжу къыщывгурыӀуа махуэм къыщыщӀэдзауэ. 7ФӀыуэ тлъагъу, къыддэлажьэ Епафрас#1:7 Епафрас – Колоссэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсыр зэхэзышар арщ. хъыбарыфӀыр фигъэщӀащ. Абы и фӀагъ къывигъэкӀыурэ, Мэссихь пэжыгъэкӀэ хуолажьэ. 8Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фи фӀылъагъуныгъэм и хъыбари къытхуиӀуэтащ.
9Аращи, фи хъыбарыр щызэхэтха махуэм щыщӀэдзауэ, Тхьэм дыфхуелъэӀуныр зэпыдгъэуакъым. Тхьэр зыхуейр нэсауэ къывгуригъэӀуэнуи, и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ акъылыфӀагъэ псори гурыӀуэныгъэ псори фиӀэнуи долъэӀу. 10Абы щыгъуэ Зиусхьэным и гум сыт и лъэныкъуэкӀи фрихьурэ, езым фыхуэфащэу фыпсэунущ. Фэ влэжь ӀуэхуфӀ псоми фӀыгъуэ къыдэкӀуэнущ, Тхьэри кӀуэ пэтми нэхъ фщӀэнущ. 11Сыт ищӀысымкӀи теубыдагъэрэ шыӀэныгъэрэ фиӀэн щхьэкӀэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ и лъэкӀыныгъэ псомкӀэ фи гур Тхьэм ирегъэбыдэ. 12Тхьэуэ Адэ лъапӀэм фыхуэгуфӀэурэ фӀыщӀэ хуэфщӀ. Нэхур здэщыӀэ щӀыпӀэм#1:12 нэхур здэщыӀэ щӀыпӀэр – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэрщ. деж Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм яхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀымкӀэ фэри Ӏыхьэ къыфлъысыну къыфхуигъэфэщащ. 13КӀыфӀыгъэм и тепщэныгъэм дыкъыщӀихыжри, фӀыуэ илъагъу и Къуэм и тепщэныгъэм дыщӀигъэуващ. 14Езым и Къуэращ лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ ди щхьэхэр къэзыщэхужар, ди гуэныхьхэри къытхуэзыгъэгъуар.
Мэссихь Тхьэм къигъэщӀа псоми я щыгум итщ
15Мэссихь цӀыхухэм ямылъагъу Тхьэм и теплъэр иӀэщ. Аращ Тхьэм къигъэщӀа псоми я щыгум итэу, и КъуэкӀэ зэджэр. 16Тхьэм Мэссихь псори къригъэгъэщӀащ – уафэми щӀылъэми щыӀэ псори, цӀыхухэм ялъагъу Ӏуэхухэри ямылъагъу Ӏуэхухэри, пащтыхь тахътэхэм исхэри, пашэхэри, Ӏэтащхьэхэри, тепщэныгъэ зиӀэхэри. Тхьэм езым и Къуэм псори къригъэгъэщӀащ, абы и Къуэм и щӀыхьышхуэм щхьэкӀэ щыӀэщ ахэр. 17А псори щыщымыӀам, Къуэ лъапӀэр щыӀащ. Аращ псори зэщӀэзубыдэр. 18Аращ пкъыуэ члисэ зэхуэсым и щхьэр. Аращ члисэ зэхуэсыр зэфӀэзыгъэувари, лӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжари. Апхуэдэу, сыт и лъэныкъуэкӀи япэр аращ. 19Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм игъуэу илъытати, и щытыкӀэ псори и Къуэм хэлъ хъуащ. 20И Къуэм жорым лъыуэ щыщӀэкӀамкӀэ, Тхьэм езым дызригъэкӀужурэ, и Къуэм къыпкъырыкӀыу щӀылъэми уафэми щыӀэ псори езым зригъэкӀужащ.
21Тхьэм икъукӀэ фыпэмыжыжьэу фыщытащ пасэм, фигукӀэ фрибийуэ бзаджагъэхэр фщӀэуэ. 22Ау иджы лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа пкъы иӀауэ, Мэссихь зэрылӀамкӀэ Тхьэм езым фызригъэкӀужащ. Ар щӀищӀар фигухэр къабзэу, къуаншагъэ зыри фимыӀэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ вбгъэдэмылъу, Тхьэм езым и пащхьэм фригъэувэн щхьэкӀэщ. 23Зэхэфха хъыбарыфӀым ӀыхьэфӀ фыщигъэгугъащ. А ӀыхьэфӀыр зыми зыхевмыгъэгъэнын щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу фытемыкӀыу пэжу фрикӀуэн хуейщ. Тхьэм хуэлажьэхэм а хъыбарыфӀыр уафэм и щӀагъым щыпсэу цӀыху псоми хуаӀуэтащ. Сэ, Паул, а хъыбарыфӀым сыхуолажьэ.
Паул члисэ зэхуэсым зэрыхуэлажьэр
24Иджы, сэ си фӀагъ фэ фэзгъэкӀын щхьэкӀэ, гугъуехь сыхэтми, согуфӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь и пкъ, члисэ зэхуэсым, си фӀагъ езгъэкӀын папщӀэ, сэ сшэчын хуейуэ Мэссихь схухиха гузэвэгъуэхэр иджы сипкъкӀэ сшэчурэ и кӀэм нызогъэс. 25Тхьэм си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум тету, Тхьэм и хъыбарыфӀыр нэсауэ фэзгъэщӀэн щхьэкӀэ, члисэ зэхуэсхэм сахуолажьэ. 26А хъыбарыфӀыр блэкӀа лъэхъэнэхэмрэ щӀэблэхэмрэ къащыщӀэдзауэ Тхьэм цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ щыта щэхущ. Тхьэм а щэхур и цӀыху лъапӀэхэм яхуигъэнэхуащ иджы. 27Хамэ лъэпкъхэмкӀэ щӀыхьышхуэ гъэщӀэгъуэну а щэхум хэлъыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм яригъэщӀэну игъуэу илъытащ. А щэхур мыращ: Мэссихь фи псэм щыщщ, ари фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ щӀыхьышхуэ фиӀэ зэрыхъуным фыпоплъэ, абы фыщыгугъыу.
28Аращи, Мэссихь теухуа хъыбарыр доӀуатэ. Дэтхэнэ зы цӀыхум МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм и пащхьэм цӀыху нэгъэсауэ идгъэувэн щхьэкӀэ, акъылыфӀагъэ псомкӀи гурыдогъаӀуэ икӀи идогъащӀэ. 29Ар згъэзэщӀэн щхьэкӀэ, Мэссихь къысхилъхьа лъэкӀыныгъэ инымкӀэ хуабжьу солажьэ икӀи сыщӀокъу.
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017