YouVersion Logo
Search Icon

Еврейхэм яхуэгъэза тхылъ 8

8
8-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хьисэ Мэссихьщ ди дин пашэшхуэр
1ЖытӀэ псом я нэхъыщхьэр мыращ: Уафэхэм щыӀэу, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и тахътэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэсу дин пашэшхуэ диӀэщ. 2Тхьэр здэщыӀэ шэтыр пэжым дин пашэшхуэу Ӏуэху щелэжь абы. А шэтырыр зыгъэувар цӀыхухэракъым, атӀэ Зиусхьэныращ.
3Тхьэм дэтхэнэ дин пашэшхуэми тыгъэхэри езым хуихьыну, къурмэнхэри хуищӀыну егъэув. Ди дин пашэшхуэми Тхьэм къурмэныпхъэ гуэр хуищӀын хуейщ. 4Хьисэ дунейм тетамэ, дин пашэу щытынтэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм тету, Тхьэм тыгъэхэр хуэзыхь дин пашэхэр щыӀэщи. 5Дин пашэу абыхэм Ӏуэху зыщащӀэр Тхьэм и унэшхуэу уафэм щыӀэм и сурэтым ещхь е и ныбжь къудейщ. Мусэ шэтырыр игъэувын щыщӀидзэм, Тхьэм абы унафэ къыхуищӀащ: «Бгым утету, псори зэрыозгъэлъэгъуам хуэдэу, зэрыпщӀыным хэт». 6Хьисэ Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ яку дэлъын хуейуэ ищӀа зэгурыӀуэныгъэр япэрей зэгурыӀуэныгъэм#8:6-7 япэрей зэгурыӀуэныгъэр – япэрей зэгурыӀуэныгъэр хъуну зыщӀар Мусэ бегъымбарыр арщ. нэхърэ зэрынэхъ иным хуэдэу, Хьисэ дин пашэшхуэ Ӏуэхуу илэжьыр адрей дин пашэшхуэхэм я Ӏуэхум нэхърэ нэхъ Ӏуэхушхуэщ, иужьрей зэгурыӀуэныгъэмкӀэ Тхьэм цӀыхухэр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр нэхъыфӀщи.
7Ауэ япэрей зэгурыӀуэныгъэм* щыщӀагъэ зыри имыӀатэмэ, нэгъуэщӀ зэгурыӀуэныгъэ абы и пӀэм щӀиувэн щыӀэнтэкъым. 8Бегъымбарым, цӀыхухэр игъэкъуаншэу, жиӀащ:#8:8-12 бегъымбарым … къыжиӀащ – еплъ Иеремие бегъымбарым и тхылъым 38:31-34.
«Зиусхьэным мыпхуэдэу жеӀэ:
Сэрэ израил унагъуэ лъэпкъымрэ
Иудэ унагъуэ лъэпкъымрэ яку
зэгурыӀуэныгъэщӀэ щыдэслъхьэну
махуэхэр къэсынущ.
9Ауэ мы зэгурыӀуэныгъэр зэрыщытынур
я адэжьхэр Мысырым къыщисшыжым,
сэрэ абыхэмрэ дяку дэслъхьа
зэгурыӀуэныгъэр зэрыщытам хуэдэукъым,
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ дяку
дэслъхьа зэгурыӀуэныгъэм и гъуэгу
ахэр ирикӀуакъым.
Аращи, абыхэм нэмыплъ есту щытащ,
жеӀэ Зиусхьэным.
10А махуэхэм яужькӀэ сэрэ израил
лъэпкъымрэ дяку дэслъхьэну
зэгурыӀуэныгъэр мыращ:
Си унафэхэр абыхэм я щхьэм ислъхьэнущ,
ягуми истхэнущ.
Сэ абыхэм я Тхьэуэ сыщытынущ,
ахэри сэ си лъэпкъыу щытынущ,
жеӀэ Зиусхьэным.
11Апхуэдэу щыхъукӀэ, „Зиусхьэныр
зыхуэдэр зэгъащӀэ“, жаӀэурэ
зэгъунэгъухэми зэшхэми зэжраӀэжынукъым,
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ
цӀыкӀухэм къыщыщӀэдзауэ инхэр къыхиубыдэу,
цӀыху псоми сэ сащӀэнущ.
12БзаджащӀэхэми гущӀэгъу яхуэсщӀынущ.
Я гуэныхьхэри бзаджагъэу ящӀари
си гум изгъэлъыжынукъым».
13Тхьэм «зэгурыӀуэныгъэщӀэ» жиӀэу къызэрыжиӀамкӀэ япэрей зэгурыӀуэныгъэр жьы зэрыхъуар къигъэлъэгъуащ. Сыт ищӀысри жьы хъуауэ лъэкӀыныгъэ зимыӀэр куэд мыщӀэу кӀуэдыжынущ.

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in