Еврейхэм яхуэгъэза тхылъ 7
7
7-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Дин пашэу Мелхиседек
1Мелхиседек#7:1 Мелхиседек – еплъ 1 Мусэ 14:17-20. Салим къалэм#7:1 Салим къалэр – Ерусалимщ. и пащтыхьу икӀи Тхьэуэ я нэхъ Лъагэм хуэлажьэ дин пашэу щытащ. Ибрэхьим пащтыхь куэдым ятекӀуауэ къыщигъэзэжым, Мелхиседек абы пежьэри, Тхьэм и нэфӀ къыщригъэхуащ. 2Ибрэхьим зауэм къыхиха мылъкум и Ӏыхьэ пщӀанэр Мелхиседек иритащ абы щыгъуэ. Мелхиседек и цӀэм къикӀыращи, япэщӀыкӀэ «щыпкъагъэ зигу илъ пащтыхьщ», итӀанэ Салим къалэм и пащтыхьщ, абы къикӀыр «цӀыхухэр зэзыгъэкӀуж пащтыхьыщ». 3Ади ани, лъэпкъ зытепщӀыкӀ имыӀэу, и махуэхэм ублапӀэ ямыӀэу, и гъащӀэми ухыпӀэ имыӀэу, Тхьэм и Къуэм хуэдэу, Мелхиседеки игъащӀэкӀэ дин пашэщ.
4Мелхиседек зэрыиным феплъ: Ди адэшхуэ Ибрэхьим зауэм къыхиха мылъкум и Ӏыхьэ пщӀанэр абы иритащ. 5Левий#7:5 Левий – Екъуб бегъымбарым и къуэхэм ящыщащ. Дин пашэ псори абы и унагъуэ лъэпкъым щыщу щытащ. къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу дин пашэ хъуахэм израил цӀыхухэм къалэжьам и Ӏыхьэ пщӀанэр къыӀахыну Торэт хабзэм унафэу итщ. НэгъуэщӀу жыпӀэмэ, а Ӏыхьэ пщӀанэр къызыӀахыр я къуэш Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэрщ. 6Мелхиседек, Левий къытехъукӀа цӀыхухэм ящымыщами, Ибрэхьим зауэм къыхиха мылъкум и Ӏыхьэ пщӀанэр къыӀихащ. Абы нэмыщӀ, Мелхиседек Тхьэм ӀыхьэфӀкӀэ къигъэгугъэгъа Ибрахьим Тхьэм и нэфӀ къыщригъэхуащ. 7Шэч хэмылъу, нэгъуэщӀ цӀыхум Тхьэм и нэфӀ къыщызыгъахуэ цӀыхур нэфӀ зыщигъахуэм нэхърэ нэхъ инщ. 8ЦӀыхухэм Ӏыхьэ пщӀанэр къеӀызых дин пашэхэм я Ӏуэхум уеплъмэ, ахэр уахъты зиӀэ цӀыхущ. Ауэ Ибрэхьим Ӏыхьэ пщӀанэр къеӀызыха Мелхиседек и Ӏуэхум уеплъмэ, ар зэрыуахътыншэм Тхьэм и псалъэ тхахэр щыхьэт тохъу. 9Левий къытехъукӀа цӀыхухэм Ӏыхьэ пщӀанэр адрей цӀыхухэм мы зэманым къыӀах пэтми, Ибрэхьим Ӏыхьэ пщӀанэр Мелхиседек щритым, Левий Ӏыхьэ пщӀанэр Мелхиседек иритауэ жыпӀэ хъунущ, 10сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мелхиседек Ибрэхьим щыхуэзам, Левий къалъхуауэ щымытами, и адэшхуэ Ибрэхьим и пкъым хэлъу щытауэ плъытэ хъунущ. 11Аращи, Левий и унагъуэ лъэпкъым щыщ дин пашэхэм ялэжьа ӀуэхумкӀэ Тхьэм и мурадыр нэса хъууэ щытамэ, (сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мусэ и Торэт хабзэр Левий и унагъуэ лъэпкъым щыщ дин пашэхэм ялэжьа Ӏуэхум епхащи), Хьарун хуэмыдэу, Мелхиседек хуэдэ нэгъуэщӀ дин пашэ къыщӀэкӀуэн щыӀэнтэкъым. 12Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дин пашэ лъэпкъыр щызэблихъукӀэ, хабзэри зэблэхъуа хъун хуейщ. 13Абы нэмыщӀу, мы Ӏуэхухэр зытеуха ди Зиусхьэн Хьисэ нэгъуэщӀ унагъуэ лъэпкъым щыщащ. Езым и унагъуэ лъэпкъым щыщ зыми къурмэн щӀыпӀэм дин пашэу Ӏуэху щищӀакъым. 14Ди Зиусхьэныр Иудэ зи цӀэ унагъуэ лъэпкъым зэрыщыщыр ӀупщӀщ. Мусэ бегъымбарыр дин пашэхэм къащытепсэлъыхьым, а унагъуэ лъэпкъым и гугъу ищӀакъым. 15Мелхиседек хуэдэу, нэгъуэщӀ дин пашэ иджы къызэрылъэгъуам а жыхуэсӀэ Ӏуэхур нэхъ ӀупщӀэу ещӀ. 16Мелхиседек и унагъуэ лъэпкъ къытепщӀыкӀым теухуа хабзэхэмрэ цӀыху унафэхэмрэкъым ар дин пашэ зыщӀар, атӀэ зыми имыгъэкӀуэдыфын гъащӀэм и лъэкӀыныгъэращ дин пашэ зыщӀар. 17Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэу хэтщ:#7:17 Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэу яхэтщ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 109:4.
«Мелхиседек хуэдэу, уэри
дин пашэу ущытынущ игъащӀэкӀэ».
18Пасэрей хабзэм лъэкӀыныгъи пщӀэи зэримыӀам щхьэкӀэ Тхьэм ар лъэныкъуэ иригъэзащ. 19Торэт хабзэм Ӏуэху гуэри нэса игъэхъун лъэкӀакъым. Тхьэм иджы дызыщигъэгугъ Ӏуэхур нэхъыфӀщ, а Ӏуэхум Тхьэм нэхъ пэгъунэгъу дыхуэхъун тлъегъэкӀ.
20Абы нэмыщӀ, Тхьэм псалъэ быдэкӀэ жиӀащ Хьисэ дин пашэ зэрыхъунур. 21НэгъуэщӀ цӀыхухэр Тхьэм и псалъэ быдэ хэмылъу дин пашэ хъуащ, ауэ Хьисэ дин пашэ щыхъум, Тхьэм къыжиӀар псалъэ быдэкӀэ игъэпэжащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм мыпхуэдэу къыжриӀащ:#7:21 Тхьэм мыпхуэдэу къыжриӀащ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 109:4.
«Сэ, Зиусхьэныр, жысӀар псалъэ
быдэкӀэ згъэпэжурэ,
абы сыхущӀегъуэжынукъым:
Уэ дин пашэу ущытынущ игъащӀэкӀэ».
22Тхьэм езымрэ дэрэ дяку къыдилъхьа зэгурыӀуэныгъэр зэрынэхъыфӀым дыщызыгъэгугъыр Хьисэщ.
23Абы нэмыщӀу, адрей дин пашэхэр куэд хъуащ, Тхьэм дин пашэу сыт щыгъуи хуэлэжьэну лӀэныгъэм ахэр хуит ищӀакъыми. 24Ауэ игъащӀэкӀэ зэрыпсэунум щхьэкӀэ Хьисэ и дин пашэ Ӏуэхур нэгъуэщӀ гуэрым къыхуигъэнэжынукъым. 25Тхьэм пэгъунэгъу хъуну Хьисэ зылъигъэкӀ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын сыт щыгъуи хузэфӀокӀ абы щхьэкӀэ. Хьисэ а цӀыхухэм Тхьэм яхуелъэӀуну игъащӀэкӀэ псэунущи.
26Мыпхуэдэ дин пашэшхуэщ дызыхуэныкъуэр: и гур къабзэу, зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ бгъэдэмылъу, лажьэ зыри имыӀэу, гуэныхь зыщӀэхэм яхэкӀыжауэ, уафэхэм я щыгу дэкӀуеижауэ. 27Адрей дин пашэшхуэхэм, япэщӀыкӀэ езыхэм я гуэныхьхэр япшыныжын щхьэкӀэ, итӀанэ адрей цӀыхухэм я гуэныхьхэр япшыныжын щхьэкӀэ, махуэ къэс къурмэн ящӀын хуейуэ зэрыщытам хуэдэу, Хьисэ ищӀын хуейуэ щыткъым; езым къурмэныпхъэ зыщищӀам, цӀыхухэм я гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкӀэ, къурмэныпхъэ аргуэру мыхъужыну, а зэмкӀэ зэфӀигъэкӀащ. 28Зигурэ зи псэкӀэ лъэкӀыныгъэ зимыӀэ цӀыхухэр дин пашэшхуэ хъуну Торэт хабзэм и унафэм егъэув; ауэ Торэт хабзэр ува нэужь, Тхьэм жиӀар псалъэ быдэкӀэ къыщигъэпэжым, игъащӀэкӀэ цӀыху нэгъэсауэ щыт и Къуэр дин пашэшхуэ хъуну къигъэуващ.
Currently Selected:
Еврейхэм яхуэгъэза тхылъ 7: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017