Еврейхэм яхуэгъэза тхылъ 6
6
6-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1Мэссихь теухуа, япэ дыдэ фагъэщӀа Ӏуэхухэм дыблэвгъэкӀи, зи ныбжь нэса цӀыхухэм зэрагъэщӀэн хуей Ӏуэхухэм захуэдвгъэгъазэ. Ди фӀэщхъуныгъэм и лъабжьэхэр аргуэру дывмыгъэгъэтӀылъыж. А лъабжьэ хъужыр мыращ: ЛӀэныгъэ къызыхэкӀыну Ӏуэху мыхъумыщӀэу фщӀахэм фахущӀегъуэжыныр, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэныр; 2цӀыхухэр яумэхъыным#6:2 цӀыхухэр яумэхъыным – еплъ Маттэ 3:1. теухуауэ зэвгъэщӀа Ӏуэхухэр, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэн щхьэкӀэ, цӀыхухэм фи Ӏэхэр тефлъхьэныр; лӀахэр къэтэджыжыныр, Тхьэм и хьэкуму#6:2 хьэкум – «суд» жыхуаӀэрщ. мыкӀуэдыжыныр цӀыхухэм трищӀыхьыныр. 3Тхьэм жиӀэмэ, а Ӏуэхухэм даблэкӀынущ.
4Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зэгуэрым Тхьэм и нэхум хэтауэ, иужькӀэ зи щӀыб Тхьэм хуэзыгъэзэжа цӀыхухэм я гуэныхьхэм хущӀебгъэгъуэжыну къебгъэгъэзэжын плъэкӀынукъым. Абыхэм уафэм щыӀэ Тхьэм и тыгъэр зыхуэдэр ящӀэу щытащ; Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри я гум илъащ; 5Тхьэм и псалъэхэм я фӀыгъуэри къэкӀуэну дунейм и къарухэри ящӀащ. 6Апхуэдэу щыт пэтми, я щӀыб Тхьэм хуагъэзэжащ. Ахэр я гуэныхьхэм хущӀебгъэгъуэжыну къебгъэгъэзэжын плъэкӀынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Къуэр жорым аргуэру ираӀулӀым хуэдэщ, абы и напэр цӀыхухэм я пащхьэм щытрахым хуэдэщ.
7Уэшх куэдрэ зытешхэ щӀым, абы телэжьыхь цӀыхухэмкӀэ зи фӀагъ къыхэкӀ гъавэ къызыщыкӀым, Тхьэм и нэфӀ къыщохуэ. 8Ауэ гъурцрэ пыжь банэрэ къызыщыкӀ щӀым зы пщӀи иӀэкъым. А щӀым Тхьэм и ней къыщыхуэнущ куэд мыщӀэу. ИкӀэм-икӀэжым ар мафӀэкӀэ ягъэсыжынущ.
9ФӀыуэ слъагъухэ, апхуэдэу жытӀэ пэтми, фи Ӏуэхур нэхъыфӀу зэрыщытми фымыкӀуэду Тхьэм фыкъызэрыригъэлыну гъуэгум фызэрытетми дыщогугъ. 10Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Ӏуэхур щыгъупщэнукъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъуамкӀи иджыри дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъумкӀи Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фӀылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым. 11Фызыщыгугъыу фызыпэплъэ Ӏуэхухэр вгъуэтын щхьэкӀэ, фэ фщыщ дэтхэнэри игукӀи и псэкӀи Тхьэм и Ӏуэхум и кӀэм нэсыху емышу хущӀэкъуну дыхуейщ. 12Фымыщхьэх, фӀэщхъуныгъэрэ шыӀэныгъэрэ зэраӀэм щхьэкӀэ Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм я лъэужьым фрикӀуэ.
Тхьэм дыкъызэригъэгугъар игъэзэщӀэнущ
13Тхьэм и псалъэр Ибрэхьим къыщритым, езым нэхърэ нэхъ ин зэрыщымыӀэм щхьэкӀэ, и псалъэр игъэпэжурэ, езым и цӀэкӀэ, псалъэ быдэкӀэ мыпхуэдэу къыжиӀащ:#6:13-14 мыпхуэдэу къыжиӀащ – еплъ 1 Мусэ 22:16-17. 14«ИпэжыпӀэкӀэ си нэфӀ къыпщыхуэнущ, бын куэди къыптезгъэхъукӀынущ». 15Ибрэхьим шыӀэныгъэ хэлъти, Тхьэм къызэригъэгугъар иӀэ хъуащ. 16ЦӀыхухэм езыхэм нэхърэ нэхъ ин гуэркӀэ тхьэрыӀуэ ящӀ я хабзэщ. ТхьэрыӀуэм абыхэм я псалъэхэр егъэпэж, зэдэуэныгъэ Ӏуэхуми кӀэ ирет. 17Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхур ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм и мурадыр зэрызэблимыхъунур яригъэлъагъуну хуеяти, къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр зэригъэзэщӀэнур псалъэ быдэкӀэ къахуигъэпэжащ. 18Апхуэдэу зэпхъуэкӀ мыхъуну ӀуэхуитӀ#6:18 ӀуэхуитӀ – Тхьэм цӀыхухэр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэмрэ ахэр зэригъэзэщӀэнур псалъэ быдэкӀэ къазэрыхуигъэпэжамрэщ. щыӀэщ. Ар Тхьэуэ зэрыщытым щхьэкӀэ, а ӀуэхуитӀыр зэримыгъэзэщӀэн гъуэгу щыӀэкъым. Дэ, Тхьэр хъумакӀуэ зыхуэхъуну абы и гъунэгъу хъуа цӀыхухэр, Тхьэм дяпэ кърилъхьа Ӏуэхуу дызыщыгугъыу, дызыпэплъэхэр зылъэдгъэӀэсыну мы ӀуэхуитӀым дагъэгушхуэ. 19Мэссихь дызэрыщыгугъыр быдэу икӀи дзыхь хуэтщӀу хъурзэм хуэдэу ди гум илъщ. Тхьэм и унэшхуэм и кӀуэцӀым щыфӀэлъ Ӏупхъуэм дыблэкӀыурэ, я нэхъ пэш лъапӀэм#6:19 я нэхъ пэш лъапӀэр – мы тхылъыр зытхам Тхьэм и унэшхуэм щӀэта пэшу Тхьэм и щӀыхьышхуэр здэщыӀар уафэм хуегъадэ. дыщӀыхьэн тлъэкӀынущ абы щхьэкӀэ. 20Хьисэ а я нэхъ пэш лъапӀэм дяпэ иту щӀыхьащ#6:20 Хьисэ я нэхъ пэш лъапӀэм … щӀыхьащ – дин пашэшхуэр Тхьэм и унэшхуэм щӀэта я нэхъ пэш лъапӀэм илъэс къэс зэ щӀыхьэрт, къурмэн ищӀыну, цӀыхухэм я гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкӀэ. Хьисэ дин пашэшхуэу уафэм Тхьэм и пащхьэм щихьащ. дэр щхьэкӀэ. Ар, Мелхиседек хуэдэу, дин пашэшхуэ хъуащ игъащӀэкӀэ.
Currently Selected:
Еврейхэм яхуэгъэза тхылъ 6: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017