Еврейхэм яхуэгъэза тхылъ 10
10
10-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1Торэт хабзэр къэкӀуэну ӀуэхуфӀхэм я ныбжь къудейуэ щытащ, а ӀуэхуфӀхэр зэрыщытыну дыдэр абы къигъэлъэгъуэн лъэкӀыу щытакъым. Аращи, а къурмэн дыдэу илъэс къэси зэпымыууэ ящӀу щытахэмкӀэ Тхьэм пэгъунэгъу хъуну хуея цӀыхухэр я щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса ищӀын лъэкӀыу щытакъым Торэт хабзэм. 2Ар лъэкӀыну щытатэмэ, цӀыхухэм къурмэн щӀыныр зыханыжынт. Тхьэм пэгъунэгъу хъуну хуейхэр а къурмэнхэмкӀэ къабзэ хъуну щытамэ, я гуэныхьхэр ягукӀэ зыдащӀэжынтэкъым. 3Я гуэныхьхэр я гум илъэс къэси къагъэкӀыжу щытащ а къурмэныпхъэхэм, 4выхэмрэ бжэнхэмрэ я лъым цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятрихын лъэкӀынутэкъыми.
5Аращи, Мэссихь мы дунейм къыщытехьэнум щыгъуэ Тхьэм мыпхуэдэу жриӀащ:#10:5-7 Тхьэм мыпхуэдэу жриӀащ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 39:7-9.
«Къурмэнхэми тыгъэхэми уахуеякъым,
ауэ пкъы къысхуэбгъэхьэзыращ.
6ЦӀыхухэм мафӀэкӀэ ягъэс къурмэнхэри,
я гуэныхьхэр зыщхьэщахын щхьэкӀэ,
ящӀ къурмэнхэри игъуэу плъытакъым.
7ИтӀанэ сэ жысӀащ: „Уэ, Тхьэ, мис,
уэ узыхуейр згъэзэщӀэну сыкъэкӀуащ,
уи тхылъым си хъыбар зэритым хуэдэу“».
8Мэссихь апхуэдэу къыщыжиӀэм, япэщӀыкӀэ жиӀар мыращ: «Къурмэнхэми, тыгъэхэми, цӀыхухэм мафӀэкӀэ ягъэс къурмэнхэми, я гуэныхьхэр зыщхьэщахын щхьэкӀэ, ящӀ къурмэнхэми уахуеякъым икӀи игъуэу плъытакъым». ЦӀыхухэм а къурмэнхэр Торэт хабзэм и унафэм тету ящӀауэ щыта пэтми, апхуэдэу жиӀащ. 9ИтӀанэ мыпхуэдэу къыжиӀащ: «Уэ, Тхьэ, мис узыхуейр згъэзэщӀэну сыкъэкӀуащ». Апхуэдэу Мэссихь япэрей Ӏуэхухэр#10:9 япэрей Ӏуэхухэр – къурмэн щӀыныр арщ. лъэныкъуэ иригъэзащ, абыхэм я пӀэм етӀуанэ Ӏуэхур#10:9 етӀуанэ Ӏуэхур – Мэссихь къурмэныпхъэ зызэрищӀар арщ. иригъэувын щхьэкӀэ. 10Хьисэ Мэссихь Тхьэр зыхуеяр зэригъэзэщӀам щхьэкӀэ, езым и пкъыр аргуэру къурмэныпхъэ имыщӀыжыну, зэ закъуэ къурмэныпхъэ зэрищӀамкӀэ ди гур игъэкъэбзэжащ.
11Дэтхэнэ дин пашэми и дин пашэ Ӏуэхур махуэ къэс егъэзащӀэ. А къурмэн дыдэу цӀыхухэм я гуэныхьхэр ящхьэщызыхын зылъэмыкӀхэр зэпымыууэ ещӀ. 12Мэссихь цӀыхухэм я гуэныхьхэр игъащӀэкӀэ ипшыныжыпэн щхьэкӀэ, къурмэныпхъэ зэзакъуэ зищӀа нэужь, Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ щысыну бгъэдэтӀысхьащ. 13А зэманым къыщыщӀэдзауэ Мэссихь поплъэ и бийхэр Тхьэм абы лъэгущӀэтын#10:13 лъэгущӀэтын – еплъ 1:13. щыхуищӀыну махуэм. 14Апхуэдэу зэзакъуэ къурмэныпхъэ зэрызищӀам щхьэкӀэ, зигу къабзэ хъухэр, я щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, игъащӀэкӀэ цӀыху нэгъэса ищӀащ Мэссихь.
15Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри мы ӀуэхумкӀэ щыхьэт къытхуохъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ япэщӀыкӀэ мыпхуэдэу къыжеӀэ:#10:15-16 япэщӀыкӀэ мыпхуэдэу къыжеӀэ – еплъ Иеремие бегъымбарым и тхылъым 31:33.
16«Зиусхьэным къыжеӀэ:
А махуэхэм я ужькӀэ зэгурыӀуэныгъэу
сэрэ абыхэмрэ яку
дэслъхьэнур мыращ:
Си унафэхэр абыхэм я гум ислъхьэнущ,
я щхьэми истхэнущ».
17ИтӀани жеӀэ:#10:17 итӀанэ жеӀэ – еплъ Иеремие бегъымбарым и тхылъым 31:34.
«Я гуэныхьхэри бзаджагъэу ящӀари
си гум изгъэлъыжынукъым».
18Тхьэм цӀыхухэм я гуэныхьхэр зэрахуигъэгъуам щхьэкӀэ, ахэр япшыныжын папщӀэ, къурмэн щӀащӀыни щыӀэкъым.
Тхьэм пэгъунэгъу дывгъэхъу
19Аращи, ди къуэшхэ, Хьисэ и лъыуэ жорым щыщӀэкӀам щхьэкӀэ, щӀыпӀэ лъапӀэу Тхьэр здэщыӀэм гушхуэныгъэкӀэ дихьэн тлъэкӀынущ. 20Хьисэ и пкъыр къурмэныпхъэ зэрищӀам щхьэкӀэ, цӀыхухэм гъащӀэ къыдэзыт гъуэгущӀэу Ӏупхъуэм блэкӀыр къытхуӀуихащ. 21Тхьэм и унагъуэр зи ӀэмыщӀэм илъ дин пашэшхуэ диӀэщ. 22Аращи, Хьисэ и лъыр ди гум триутхэу, дигукӀэ мыхъумыщӀэ зыри зыдэдмыщӀэжыну зэригъэкъэбзэжам щхьэкӀи, дипкъхэр псы къабзэкӀэ зэрыттхьэщӀам щхьэкӀи, ди гум щыпкъагъэрэ фӀэщхъуныгъэшхуэрэ илъу, Тхьэм пэгъунэгъу дывгъэхъу. 23Аращи, дызыщыгугъыу, дызыпэплъэ ӀуэхуфӀу цӀыхухэм зи гугъу яхуэтщӀхэм дыкъимыкӀуэтыжу дытету дривгъакӀуэ, а ӀуэхуфӀхэмкӀэ дыкъэзыгъэгугъа Тхьэм и гум щыпкъагъэ илъщи. 24Ди гум фӀылъагъуныгъэ илъыну, фӀы щӀэнми дыхэтыну дызэрыгъэгушхуэурэ дызэкӀэлъывгъэплъыж. 25ЦӀыху гуэрхэм зэрахабзэм хуэдэу, дызэӀущӀэныр зыхэдывмыгъанэ, атӀэ дызэрывгъэгъэгушхуэ. Зиусхьэным и махуэр#10:25 Зиусхьэным и махуэр – къемэтмахуэр арщ. нэхъ къэблэгъауэ зэрыфлъагъум щхьэкӀэ нэхъри фызэрыгъэгушхуэн хуейщ.
26Щыпкъагъэр зэдгъэщӀауэ, итӀани дэ тфӀэфӀу гуэныхь щӀэным дыхэтмэ, ди гуэныхьхэр тщхьэщызыхыфын къурмэныпхъэ щыӀэжкъым, 27ауэ хьэкум шынагъуэу Тхьэм къыттрищӀыхьынумрэ Тхьэм пэувхэр зыхисхьэну мафӀэшхуэмрэ къытпоплъэ. 28Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм едэӀуэну зымыдэм щыхьэтитӀ е щыхьэтищ къыщытехъуэкӀэ, гущӀэгъу хуамыщӀу, укӀ тралъхьэу щытащ. 29Тхьэм езым и Къуэр зыгъэпуд цӀыхум Тхьэм абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъ гугъуехьышхуэ иригъэшэчынущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыхум Мэссихь и лъыуэ Тхьэм и зэгурыӀуэныгъэр зыгъэпэжауэ, а цӀыхум и гур зыгъэкъэбзэжам пщӀэ имыӀэу елъытэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу зи нэфӀ дэ къытщыхуэми и гум хегъэщӀ. 30Мыпхуэдэу жызыӀа Зиусхьэныр#10:30 мыпхуэдэу жызыӀа Зиусхьэныр – еплъ 5 Мусэ 32:35. дощӀэ: «ЦӀыхухэм я бзаджагъэр езыгъэпшыныжынур сэращ; абыхэм яхуэфащэр езгъэгъуэтыжынущ». ИтӀани жиӀащ:#10:30 итӀани къыжиӀащ – еплъ 5 Мусэ 32:36. «Зиусхьэным езым и цӀыхухэм хьэкум ятрищӀыхьынущ». 31Къуаншагъэ зэрыпщӀам щхьэкӀэ гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и ӀэмыщӀэ уихуэныр куэду шынагъуэшхуэщ!
32Тхьэм и хъыбарыр къывгурыӀуэну абы и нэхур къыщыфтепса блэкӀа махуэр фи гум къэвгъэкӀыж. ФыкъимыкӀуэтыжу и гъуэгу фрикӀуэу, а махуэхэм гугъуехьышхуэ куэд фшэчу щытащ. 33Зэм цӀыхухэм я пащхьэм псалъэ фӀейхэр къыщывапэсырт, гузэвэгъуэми фыщыхадзэрт, зэми апхуэдэу зыхущыта адрей цӀыхухэм защӀэвгъакъуэрт. 34Лъэхъуэщым щӀэсхэм гугъуехь ядэфшэчырт. ЦӀыхухэм фи мылъкур зэрыфтрахар фигуапэу къабыл фщӀащ, абы нэхърэ нэхъ мылъкуфӀу мыкӀуэдыжынур уафэм зэрыщывиӀэр фщӀэрти.
35Аращи, гушхуэныгъэу фиӀэр зыхэвмыныж, гушхуэныгъэ зиӀэхэм я ӀыхьэфӀыр инынущи. 36Теубыдагъэ фиӀэн хуейщ, Тхьэр зыхуейр вгъэзэщӀэн икӀи фызэригъэгугъа ӀыхьэфӀыр вгъуэтын щхьэкӀэ. 37Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу:#10:37-38 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Хабакук (Аввакум) бегъымбарым и тхылъым 2:3-4.
«Куэд дыдэ дэмыкӀыу,
къэкӀуэнур мыгувэу къэсынущ.
38ФӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ,
си дежкӀэ щыпкъагъэ зиӀэр псэунущ.
Ауэ а цӀыхур къикӀуэтыжмэ,
сигу ирихьынукъым».
39Дэ зызыгъэкӀуэду гъуэгум къыщикӀуэтыжхэм дащыщкъым, атӀэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум дрокӀуэ, апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ дымыкӀуэду Тхьэм дыкърегъэл.
Currently Selected:
Еврейхэм яхуэгъэза тхылъ 10: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017