1 Мусэ 45
45
Исуф и къуэшхэм закъызэрыригъэцӀыхужар
1Исуф къыбгъэдэт псоми я пащхьэм афӀэкӀа зыщыхуэмыубыдыжу кӀиящ:
– ӀувгъэкӀ псори.
Арати, Исуф зыри къыбгъэдэнатэкъым абы и къуэшхэм закъыщригъэцӀыхужам щыгъуэ. 2Абдеж ину къэгъащ ар, и гъы макъри къызэхахащ мысыр цӀыхухэми, фирхьэун унэми хъыбарыр нэсащ.
3ЯжриӀащ Исуф и къуэшхэм:
– Сэ сы-Исуфщ, псэууэ пӀэрэ иджыри си адэр?
Ауэ и къуэшхэм жэуап къратыфыртэкъым, апхуэдизкӀэ шынати;
4ЯжриӀащ Исуф и къуэшхэм:
– Фыкъызбгъэдыхьэ.
Ахэр къыбгъэдыхьащ.
– Сэ сы-Исуфщ, – жиӀащ абы, – Мысырым кӀуэхэм фэ ефщауэ щыта фи къуэшырщ. 5Ауэ иджы фымынэщхъей, фыщӀемыгъуэж мыбыхэм сакъызэрефщам щхьэкӀэ; Тхьэм сыкъигъэкӀуащ фяпэ, цӀыхухэр къелын папщӀэ. 6Гъаблэр илъэситӀщ зэрыщыӀар щӀылъэм: иджыри къэкӀуэнущ щӀыр щамывэн икӀи гъавэ щыӀуамыхыжын илъэситху. 7Тхьэм сыкъигъэкӀуащ фяпэкӀэ, фэ щӀылъэм фыкъытенэн, зыхуэдэ къэмыхъуа щӀыкӀэкӀи фэри къыфтехъукӀыну цӀыхухэри мыкӀуэду къригъэлын папщӀэ. 8Аращи, фэракъым сыкъэзыгъэкӀуар мыбы, атӀэ фирхьэуным и чэнджэщэгъуу, абы и унэ псом и Ӏэтащхьэуи, Мысыр щӀыналъэ псом тепщэуи сытезыгъэува Тхьэр арщ.
9– Си адэм деж псынщӀэу фыкӀуэжи, жефӀэ абы: «Мыпхуэдэу жеӀэ уи къуэ Исуф: Тхьэм сытригъэуващ Мысыр псом тепщэу; къакӀуэ си деж, зумыӀэжьэ. 10Уэ ущыпсэунущ Гощэн щӀыналъэм; икӀи фызигъунэгъунущ уэри, уи къуэхэри, уи къуэхэм я къуэхэри, уи Ӏэщ цӀыкӀури уи Ӏэщышхуэри, уэ уиӀэ псори. 11Ущызгъэшхэнущ сэ мыбы, факъырэ фымыхъун папщӀэ, уэри, уи унэри, уэ уиӀэ псори, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гъаблэр иджыри илъэситхукӀэ щыӀэнущ».
12– Иджы фэри Биниамини фолъагъу ар къывжезыӀэр сэрауэ зэрыщытыр. 13АтӀэ хуэӀуэтэж си адэм Мысырым деж сэ щӀыхьу щызиӀэ псори фэ флъэгъуа псори. Къафшэ си адэр мыбы псынщӀэу.
14ИтӀанэ и къуэш Биниамин и пщэм зридзэри, Исуф гъащ; Биниамини гъащ абы и пщэм идзауэ. 15Ба яхуищӀырт езым и къуэшхэм псоми, гъырт, абыхэм ӀэплӀэ яхуищӀурэ. ИтӀанэ епсэлъащ и къуэшхэр абы.
16Фирхьэуным и унэм нэсащ Исуф и къуэшхэр къызэрыкӀуам и хъыбар; я гуапэ хъуат ар фирхьэунми абы и унэӀутхэми. 17Фирхьэуным Исуф жриӀащ:
– ЯжеӀэ уи къуэшхэм: мис мыращ фщӀэнур: фи мылъкухэр фи шыдхэм тефлъхьи, фыкӀуэ Ханаан щӀыналъэм; 18Фи адэри фи унагъуэхэри къафши, фыкъакӀуэ си деж; сэ фэстынущ Мысыр щӀыналъэм и фӀыпӀэр, фэри фшхынущ щӀым и шхын нэхъыфӀыр, 19АтӀэ уэ унафэ пхузощӀ абыхэм яжепӀэну: мыр фщӀэ: Мысыр щӀыналъэм фи сабийхэми фи фызхэми папщӀэ шыгухэр къыщыфщти, фи адэр къафши, фыкъакӀуэ. 20Фигу фымыгъэныкъуэ фи хьэпшыпхэм папщӀи, Мысыр щӀыналъэм щыщу нэхъыфӀ дыдэр фэстынущ фэ.
21Апхуэдэуи ящӀащ Израил и къуэхэм. Яритащ Исуф абыхэм шыгухэр фирхьэуным и унафэкӀэ, яритащ абыхэм гъуэмыли. 22Абыхэм ящыщ дэтхэнэми иритащ щыгъын фэилъхьэгъуэ зырыз, Биниамин иритащ дыжьын ахъшэ щищрэ щыгъын фэилъхьэгъутхурэ. 23Апхуэдэуи и адэм хуригъэшащ Мысырым къыщыкӀа нэхъыфӀхэр ятепхауэ шыдипщӀ, гъавэри, щӀакхъуи, и адэм и гъуэмылэри телъу шыдыбзипщӀ.
24Арати, иригъэжьэжащ Исуф и къуэшхэр. ЯжриӀащ абыхэм:
– Фыщызэщымыхьэ гъуэгум.
25Мысырым икӀыжри, нэсыжащ ахэр Ханаан щӀыналъэм езыхэм я адэ Екъуб деж.
26Хъыбар ирагъэщӀащ абы, мыр жаӀэри:
– Исуф псэущ, ар иджы щытепщэщ Мысыр щӀыналъэ псом.
Ауэ Екъуб и гур загъэртэкъым; абы и фӀэщ хъуртэкъым абыхэм жаӀэр. 27Абыхэм Исуф къажриӀа псалъэ псори абы щыхуаӀуэтэжым, ар яшэн папщӀэ, Исуф къигъэкӀуа шыгухэри щилъагъум, къызэрыгъуэтыжащ абыхэм я адэ Екъуб и гур. 28ЖиӀащ абдеж Израил:
– Дэгъуэщ, псэущ иджыри си къуэ Исуф; сыкӀуэнщи, слъагъунщ ар сымылӀэ щӀыкӀэ.
Currently Selected:
1 Мусэ 45: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017