1 Мусэ 44
44
Исуф и къуэшхэр зэригъэунэхуар
1Исуф унафэ хуищӀащ езым и унэм и унафэщӀым, мыр жиӀэри:
– ГъэнщӀ абыхэм я къэпхэр яхуэхьыфынум хуэдиз гъавэкӀэ, щхьэж и дыжьынри илъхьэж къэпхэм, гъавэм и щӀыӀукӀэ. 2Си фалъэр, дыжьын фалъэр, илъхьэ нэхъыщӀэм и къэпым и щӀыӀукӀэ, абы гъавэм папщӀэ къыздихьа дыжьыным щӀыгъуу.
Мыдрейм игъэзэщӀащ Исуф ищӀа унафэр.
3Пщэдджыжьым, нэху щыщым, яутӀыпщыжащ а цӀыхухэр, езыхэри я шыдхэри. 4Ахэр къалэм жыжьэу ӀукӀатэкъым, Исуф и унэм и унафэщӀым щыжриӀам:
– КӀуэ, а цӀыхухэм ялъежьи, уалъэщӀыхьэмэ, яжеӀэ абыхэм: «Сыт фэ фӀым ӀейкӀэ фыщӀыпыкъуэкӀар?» жыӀи. 5«Сыт си зиусхьэным и дыжьын фалъэр щӀэвдыгъуар?#44:5 Сыт си зиусхьэным и дыжьын фалъэр щӀэвдыгъуар? – пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытхэм мы псалъэхэр хэткъым, ауэ нэгъуэщӀ пасэрей Ӏэрытххэм хэтщ. Мыр си зиусхьэныр зэрефэ фалъэракъэ? Абы ар къегъэсэбэп къэхъункъэщӀэнухэр кърищӀэу. Ӏеягъэу фщӀащ фэ ар».
6Ар абыхэм ялъэщӀыхьэри, яжриӀащ а псалъэхэр. 7Зэшхэм къыжраӀащ абы:
– Сытым папщӀэ жиӀэрэ ди зиусхьэным апхуэдэ псалъэхэр? Хьэуэ, уи унэӀутхэм ящӀэнукъым апхуэдэ Ӏуэху. 8ЗэрыпщӀэщи, ди къэпхэм я щхьэхэм щхьэщылъу къэдгъуэта дыжьынхэр Ханаан щӀыналъэм къитхри къыпхуэтхьыжащ: атӀэ дауэ къыщӀэддыгъукӀын уи зиусхьэным и унэм дыжьын е дыщэ? 9Уи унэӀутхэм ящыщу ар къызыкъуэкӀым ажал лърес; икӀи дэри унэӀут дыхуэхъунщ ди зиусхьэным.
10– Хъунщ – жиӀащ абы, – фэ зэрыжыфӀам хуэдэу ирехъу: фалъэр хэт къыкъуэкӀми, ар схуэхъунщ унэӀут, адрейхэм лажьэ фиӀэкъым.
11Зэшхэм пӀэщӀэгъукӀэ кърагъэувэхащ щӀылъэм я къэпхэр, ятӀэтащ къэпыщхьэхэр, хэти итӀэтащ и къэпыщхьэр. 12Къэпхэр къищащ унафэщӀым, къыщыщӀидзэщ нэхъыжьымкӀи, нэхъыщӀэмкӀэ щиухащ; арати, къыщагъуэтащ фалъэр Биниамин и къэпым. 13Я гукъеуэм къыхэкӀыу щачэтхъащ зэшхэм я щыгъынхэр, щхьэж и хьэлъэр я шыдхэм тралъхьэжри къагъэзэжащ къалэм.
14Иуди абы и къуэшхэри Исуф и унэм къыщыкӀуэм – ар иджыри унэм щӀэсти – зыщрадзыхащ щӀым абы и пащхьэм деж. 15Исуф яжриӀащ абыхэм:
– Сыт фэ фщӀар? Фэ фымыщӀэу пӀэрэт сэ схуэдэ цӀыхум цӀыхухэм щэхуу ящӀар Ӏэмал имыӀэу къызэрищӀэнур?
16– Сыт жетӀэн ди зиусхьэным? – жиӀащ Иудэ. – Сыт жетӀэн? СыткӀэ зыдгъэхеин? Тхьэм къыщӀигъэщащ уи унэӀутхэм я пцӀыр; иджы ди зиусхьэным дрипщылщ, дэри фалъэр зи Ӏэм ӀэщӀэлъу къагъуэтари.
17– Хьэуэ, сэ ар сщӀэнкъым, – жиӀащ Исуф – фалъэр зи Ӏэм ӀэщӀэлъу къагъуэтар хъунщ си унэӀут, ауэ фэ фыкӀуэж фи адэм деж.
18Абдеж Иудэ абы бгъэдыхьэри, жиӀащ:
– Си зиусхьэн, хуит сыщӀ сэ, уи унэӀутыр, зиусхьэным псалъэ жесӀэну, икӀи ухуэмыгубжь уи унэӀутым; уэ ухуэдэщ фирхьэуным. 19Си зиусхьэныр къеупщӀыгъащ езым и унэӀутхэм: «ФиӀэ фэ адэ е къуэш?» – жиӀэри. 20Дэ жетӀащ ди зиусхьэным зэрыдиӀэр жьы хъуа ади, и жьыщхьэ абы къыхуэхъуа къуэ нэхъыщӀи; абы и къуэшыр лӀэри, а зыр къэнащ и анэм ейуэ, адэми фӀыуэ елъагъу ар. 21Уэри яжепӀащ уи унэӀутхэм: «Къысхуэфшэ ар си деж, сэ абы сеплъын папщӀэ». 22Дэ жетӀащ ди зиусхьэным: «НыбжьыщӀэм къигъэнэфыркъым и адэр; абы и адэр къигъанэмэ, адэр лӀэнущ». 23Ауэ уэ къажепӀащ уи унэӀутхэм: «Фи къуэш нэхъыщӀэр фи гъусэу къэмыкӀуэмэ, фэ афӀэкӀа фыкъимыхьэ си пащхьэ».
24– Дэ дыщыхуэкӀуэжам уи унэӀуту ди адэм хуэтӀуэтэжащ си зиусхьэным и псалъэхэр. 25ЖиӀащ абы щыгъуэ ди адэм: «ФыкӀуэ иджыри, къытхуэфщэху гъавэ». 26Дэ жетӀащ: «Хъунукъым дэ дыкӀуэ; ауэ ди къуэш нэхъыщӀэр ди гъусэнумэ, дыкӀуэнщ; хъунукъым а цӀыхум и пащхьэ дихьэ, ди къуэш нэхъыщӀэр ди мыгъусэу». 27Абдеж къыджиӀащ уи унэӀуту ди адэм: «Фэ фощӀэ си фызым къызэрысхуилъхуар къуитӀ. 28Зыр сэ збгъэдэкӀати, жысӀащ: ар ялӀагъэнщ, слъагъужакъым ар абы лъандэрэ. 29Мыри збгъэдэфшрэ абыи насыпыншагъэ къыщыщӀмэ, сэ, зи щхьэц тхъуа лӀыжьыр, гуауэм хьэдрыхэ сихьынущ». 30Иджы сэ, уи унэӀутым, ди адэм сыхуэкӀуэжмэ, абы и псэр зи псэм пыщӀа ныбжьыщӀэри ди мыгъусэу сыкӀуэжын слъэкӀыну? 31НыбжьыщӀэр ди мыгъусэу илъагъумэ, ар лӀэнущ; дэ, уи унэӀутхэм, ди лажьэкӀэ уи унэӀуту ди адэ зи щхьэц тхъуа лӀыжьыр гуауэм хьэдрыхэ ихьынущ. 32Абы нэмыщӀауэ, сэ, уи унэӀутыр, сыуващ си адэм деж ныбжьыщӀэм папщӀэ жэуап щысхьыну: «Ар уи деж къэзмышэжмэ, си адэм и пащхьэм си гъащӀэ псэукӀэ сыщыкъуаншэщ», жысӀэри. 33Аращи, сэ, уи унэӀутыр, хуит сыкъэщӀ сыкъэнэну ныбжьыщӀэм и пӀэкӀэ унэӀуту си зиусхьэным деж; ауэ ныбжьыщӀэр ирекӀуэж и къуэшхэм я гъусэу. 34Дауэ сыхуэкӀуэжын си адэм, ныбжьыщӀэр си мыгъусэу? Сэ слъагъунт итӀанэ си адэм къылъыса тхьэмыщкӀагъэр.
Currently Selected:
1 Мусэ 44: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017