YouVersion Logo
Search Icon

1 Мусэ 28

28
1Къриджащ Исхьэкъ Екъуб, и нэфӀ щигъэхуащ, унафэуи мыр хуищӀащ:
– Къыумышэ ханаан цӀыхубзхэм ящыщ фызу. 2Тэдж, кӀуэ Паддан-Арам, уи анэм и адэ Бэтуел и унэм, къиш абы фызу уи анэм и дэлъху Лабан ипхъухэм ящыщ. 3Псори зыхузэфӀэкӀ Тхьэм и нэфӀ къыпщрехуэ. Урегъэбагъуэ икӀи ухрегъахъуэ, къыптрехъукӀ уэ цӀыху лъэпкъ куэдыр; 4Апхуэдэуи къыплърегъэс Тхьэм Ибрэхьим къылъигъэса нэфӀыр, уэри уэ къыптехъукӀыну бынхэми, Тхьэм Ибрэхьим кърита щӀыналъэу уэ хамэу узыщыпсэур уэ къыпхуэнэжьыну.
5Арати, Исхьэкъ иутӀыпщащ Екъуб, икӀи ар кӀуащ Паддан-Арам, арамей лъэпкъым щыщ Бэтуел и къуэ, Екъубрэ Эсаурэ я анэ Ребеккэ и дэлъху Лабан деж.
Эсау Исмэхьил ипхъу къызэришар
6Эсау илъэгъуащ Исхьэкъ и нэфӀ Екъуб зэрыщигъэхуар икӀи и нэфӀ къыщигъэхуауэ ар Паддан-Арам, абы фыз къришын папщӀэ, зэригъэкӀуар, «Къыумышэ ханаан бзылъхугъэхэм ящыщ фызу» жиӀэуи абы унафэ зэрыхуищӀар. 7Екъуб и адэмрэ и анэмрэ едаӀуэу Паддан-Арам зэрыкӀуари илъэгъуащ Эсау. 8Абдеж къыгурыӀуащ Эсау ханаан бзылъхугъэхэр езым и адэ Исхьэкъ зэрыфӀэмыфӀыр. 9Арати, Эсау Исмэхьил деж кӀуэри, къишащ фызу Махъалат, Ибрэхьим и къуэ Исмэхьил и пхъур, Нэбаиот и шыпхъур, адрей и фызхэм я щӀыӀужкӀэ.
Екъуб и пщӀыхьэпӀэр
10Екъуб Бэр-Шэвэ икӀри кӀуащ Харан. 11ЩӀыпӀэ гуэрым нэсри къыщынащ абдежым нэху къыщекӀыну, дыгъэр къухьати. А щӀыпӀэм деж щылъ мывэхэм ящыщ зы къищтэщ, ар пӀэщхьагъыу игъэтӀылъри, щыгъуэлъащ а щӀыпӀэм. 12Абдежым илъэгъуащ пщӀыхьу: пкӀэлъей тетщ щӀылъэм, уафэм щӀэуэу; Тхьэм и мелыӀычхэри къох икӀи докӀуей абыкӀэ. 13ИкӀи Зиусхьэныр абы ищхьэкӀэ тетщи, жеӀэ:
– Зиусхьэныр, уи адэ Ибрэхьими Исхьэкъи я Тхьэр, Сэращ. Уэ узытелъ щӀыналъэр Сэ фэстынущ уэри къыптехъукӀыну бынхэми. 14ИкӀи хъунущ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр щӀылъэ пшахъуэм и бжыгъэм хуэдизу куэд; щыпсэунущ ахэр къухьэпӀэмкӀи къуэкӀыпӀэмкӀи, ищхъэрэкӀи ипщэкӀи; уэрэ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэмрэ фи хьэтыркӀэ си нэфӀ ящызгъэхуэнущ дунейм и лъэпкъ псоми. 15Зыщумыгъэгъупщэ, Сэ сыуигъусэщ; икӀи ущысхъумэнущ дэнэ дежи, дэнэ укӀуэми, икӀи къозгъэгъэзэжынущ уэ мы щӀыналъэм; уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым, бжэсӀар Сэ згъэзэщӀэху.
16Екъуб къызэщыури, жиӀащ:
– Хьэкъщ Зиусхьэныр мы щӀыпӀэм зэрыщыӀэр; ар сэ сщӀакъым!
17ИкӀи къэшынэри, жиӀащ:
– Сыту шынагъуэ мы щӀыпӀэр! Мыр Тхьэ унэщ, мыр уафэхэм я куэбжэщ, армыхъу нэгъуэщӀкъым.
18Къэтэджащ Екъуб пщэдджыжьым жьыуэ, пӀэщхьагъыу игъэтӀылъыгъа мывэр къищтэри игъэуващ ар фэеплъу; трикӀащ абы и щхьэм дагъэ. 19ФӀищащ а щӀыпӀэм цӀэуэ Бэтэл#28:19 Бэтэл – абы къикӀыр: Тхьэм и унэщ.; а къалэм япэм и цӀэу щытар Лузщ.
20Екъуб тхьэлъанэ ищӀащ:
– Тхьэр си гъусэмэ, сэ сызытет гъуэгум сыкъыщихъумэмэ, сшхыну щӀакхъуэрэ щыстӀэгъэну щыгъынрэ къызитмэ, 21икӀи сэ мамырыгъэкӀэ си адэм и унэм згъэзэжмэ, абы щыгъуэ Зиусхьэныр си Тхьэ хъунущ, 22Фэеплъу сэ згъэува мы мывэри хъунущ Тхьэм и унэ; Уэ, Тхьэ, тыгъэ къысхуэпщӀ псоми ящыщу Ӏыхьэ пщӀанэри сэ Уэ уэстынщ.

Currently Selected:

1 Мусэ 28: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in