1 Мусэ 26
26
Исхьэкърэ Абимэлэхрэ
1Къыщыхъуащ щӀыналъэм гъаблэ, Ибрэхьим и махуэхэм щыӀэгъа гъаблэм нэхърэ нэхъ Ӏеижу; арати, кӀуащ Исхьэкъ Филишт пащтыхь Абимэлэх деж, Гъэрар хэкум.
2Зиусхьэныр Исхьэкъ къыхуэлъагъуэри, къыжриӀащ:
– УмыкӀуэ Мысырым; щыпсэу Сэ ныбжесӀэну щӀыналъэм. 3А хэкум щыпсэу; Сэри сыуигъусэнущ, си нэфӀи пщыхуэнущ; уэри уэ къыптехъукӀынухэми фэстынущ мы щӀыналъэ псори, къэзгъэщыпкъжынущ псалъэ быдэу Сэ уи адэ Ибрэхьим жесӀар. 4Згъэбэгъуэнущ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр уафэм ис вагъуэхэм я бжыгъэм хуэдизу, естынущ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэм мы щӀыналъэ псори; уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэм я хьэтыркӀэ дунейм и лъэпкъ псоми си нэфӀ ящыхуэнущ. 5Ибрэхьим Си псалъэм къызэредэӀуам папщӀэ икӀи Сэ абы и пщэм дэслъхьар зэригъэзэщӀам папщӀэ: Си унафэхэр, Сэ хуэзгъэувахэр икӀи Си хабзэхэр.
6Исхьэкъ щытӀысащ Гъэрар хэкум деж. 7А щӀыпӀэм щыпсэухэр къыщеупщӀам абы езым и фызым папщӀэ, абы жиӀащ:
– Ар си шыпхъущ.
Ар шынэрт «Сэ си фызщ» жиӀэну. А щӀыпӀэм щыпсэухэм Ребеккэ щхьэкӀэ самыукӀын папщӀэ, жиӀэри егупсысащ ар, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар и теплъэкӀэ дахащэт.
8Зэман куэдкӀэ ар абдежым щыпсэуауэ, Филишт пащтыхь Абимэлэх щхьэгъубжэм дэплъри къилъэгъуащ Исхьэкъ Ребеккэм, и фызым, зэрыдэджэгур. 9Арати, Абимэлэх Исхьэкъ къриджэри, жиӀащ:
– Ар уи фызщ; атӀэ уэ дауэ жыпӀа: «Ар си шыпхъущ» жыпӀэу?
– Сэ сегупсысащ: сытемыкӀуэдакӀэщэрэт сэ абы, – жриӀащ Исхьэкъ абы.
10– Сыт уэ къыдэпщӀар? – жиӀащ Абимэлэх. – Дэ тщыщ гуэр уи фызым еӀэбатэмэ, гуэныхьым дыхэбдзэнут уэ.
11Абдеж Абимэлэх зэрылъэпкъыу унафэ яхуищӀащ, мыр жиӀэри:
– Хэт мы цӀыхуми абы и фызми еӀэбми, абы ажал лъысынущ.
12Исхьэкъ а щӀыналъэм итӀысхьащ, гъавэ щисэри къытрихащ а гъэм хьэуэ хуэдищэкӀэ нэхъыбэ: апхуэдэу и нэфӀ къыщыхуащ абы Зиусхьэным. 13Исхьэкъ мылъку куэд зэхуихьэсри, къулей дыдэ хъуащ. 14Абы иӀэт Ӏэщ цӀыкӀу хъушэхэри, Ӏэщышхуэ хъушэхэри, унэӀут куэди лэжьакӀуэ куэди, филишт цӀыхухэм щӀадзащ абы къефыгъуэу. 15Арати, абы и адэ Ибрэхьим щыпсэум щыгъуэ абы и унэӀутхэм къатӀауэ щытыгъа псыкъуийхэр филишт цӀыхухэм ирагъэуэжащ, ягъэсеижащ.
16ИтӀанэ Абимэлэх жриӀащ Исхьэкъ:
– ТхэкӀ дэ; уэ ухъуащ дэ нэхърэ куэдкӀэ нэхъ лъэщ.
17Арати, Исхьэкъ абдежыр къибгынэри, щигъэуващ шэтырхэр Гъэрар аузым, щищӀащ псэупӀэ абдежым. 18Исхьэкъ и адэ Ибрэхьим щыпсэум къатӀауэ щытыгъа икӀи Ибрэхьим лӀа нэужь филишт цӀыхухэм иратхъуэжа псыкъуийхэр аргуэру къитӀыжри, абыхэм яфӀищыжащ езым и адэм яфӀищауэ щыта цӀэхэр.
19Исхьэкъ и унэӀутхэр махуэ гуэрым аузым щытӀэурэ къыщагъуэтащ абдежым псыфӀ зэрыт псыкъуий. 20Къедауэрт гъэрар Ӏэщыхъуэхэр Исхьэкъ и Ӏэщыхъуэхэм, «Псыр дыдейщ» жаӀэурэ. Арати, абы псыкъуийм Ӏэсэкъ#26:20 Ӏэсэкъ – пасэрей журтыбзэкӀэ абы къикӀыр: зэныкъуэкъу. цӀэуэ фӀищащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къедэуащ абы. 21ИтӀанэ къратӀыкӀащ нэгъуэщӀ псыкъуий; абы папщӀи къедауэрт; абыи фӀищащ цӀэуэ Ситнэ#26:21 Ситнэ – пасэрей журтыбзэкӀэ абы къикӀыр: зэбииныгъэ.. 22Абдежым иӀэпхъукӀри, къитӀащ Исхьэкъ нэгъуэщӀ псыкъуий, абы папщӀэ къедэуэжакъым; икӀи фӀищащ абы цӀэуэ Рехьовот#26:22 Рехьовот – пасэрей журтыбзэкӀэ абы къикӀыр: щӀыпӀэ хуит., сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, жиӀащ абы, «Зиусхьэным дэ иджы щӀыпӀэ хуит къыдитащи, дыщыбэгъуэнущ щӀылъэм».
23Абы икӀри кӀуащ ар Бэр-Шэвэ. 24А жэщ дыдэм абы Зиусхьэныр къыхуэлъагъуэри, къыжриӀащ:
– Сэращ уи адэ Ибрэхьим и Тхьэр; умышынэ, Сэ сыуигъусэщ; сэ си нэфӀ пщыхуэнурэ згъэбэгъуэнущ уэ къыптехъукӀыну бынхэр, Си ӀурыщӀэ Ибрэхьим и хьэтыркӀэ.
25Абы абдежым къурмэнщӀыпӀэ щиухуэри, елъэӀуащ Зиусхьэным. Щигъэуващ абдеж и шэтырыр, Исхьэкъ и унэӀутхэми къыщатӀащ абдежым псыкъуий.
26ИтӀанэ Гъэрар къикӀри Исхьэкъ къыхуэкӀуащ Абимэлэх, абы и ныбжьэгъу Ахузати, абы и дзэпщ Пихоли.
27– Сытым щхьэкӀэ фыкъысхуэкӀуа фэ, – яжриӀащ абыхэм Исхьэкъ, – сэ сыкъэфлъагъу мыхъуу икӀи сыкъызыхэвгъэкӀауэ?
28– Дэ нахуэу къэтлъэгъуащ Зиусхьэныр уэ уи гъусэу зэрыщытыр, – жаӀащ абыхэм, – абы къыхэкӀыуи дэ жытӀащ: уэрэ дэрэ тхьэлъанэ зэдэтщӀынщи, дызэгухьэнщ. 29Уэ бзаджагъэ къыдумыщӀэну, дэри уэ дызэрыномыӀэбам, дифӀ фӀэкӀа зэрумылъэгъуам, мамырыгъэкӀи узэрыдутӀыпщыжам хуэдэу; Зиусхьэным и нэфӀ къыпщыхуащ уэ иджы.
30Абы яхуигъэуващ абыхэм гухэхъуэ Ӏэнэр, ахэри ешхащ, ефащ. 31Пщэдджыжьым жьыуэ къэтэджри, тхьэлъанэ зэдащӀащ; арати, иутӀыпщыжащ Исхьэкъ ахэр, мыдрейхэри къыбгъэдэкӀыжащ абы мамырыгъэкӀэ.
32А махуэ дыдэм Исхьэкъ и унэӀутхэр къакӀуэри абы хъыбар кърагъэщӀащ псыкъуий къызэратӀамкӀэ, «Дэ къэдгъуэтащ псы» къыжраӀащ.
33Абы фӀищащ цӀэуэ Щивэ#26:33 Щивэ – пасэрей журтыбзэкӀэ абы къикӀыр: тхьэрыӀуэщ.. Абы къыхэкӀыу нобэр къыздэсым а къалэм и цӀэщ Бэр-Шэвэ#26:33 Бэр-Шэвэ – пасэрей журтыбзэкӀэ абы къикӀыр: тхьэрыӀуэ псынэщ..
Хамэ цӀыхубзу Эсау фыз хуэхъуахэр
34Эсау, илъэс плӀыщӀ хъуауэ, къишащ фызу хет цӀыху Берый ипхъу Ехьудит икӀи хет цӀыху Елон ипхъу Басмат. 35Ахэр къехьэлъэкӀырт Исхьэкърэ Ребеккэрэ.
Currently Selected:
1 Мусэ 26: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017