YouVersion Logo
Search Icon

1 Мусэ 25

25
Къэтурэ Ибрэхьим къыхуилъхуа бынхэмрэ Ибрэхьим зэрылӀамрэ
1Къишащ Ибрэхьим аргуэру фыз, Къэтурэ и цӀэу. 2Къэтурэ къыхуилъхуащ абы Зимран, Иокъшан, Мэдан, Мидиан, Ищбакъ, Шыуахъ сымэ. 3Иокъшан къыхуэхъуащ Щэбэрэ Деданрэ. Дедан къытехъукӀахэр: ашур цӀыхухэр, лэтуш цӀыхухэр, лэум цӀыхухэр. 4Мидиан и къуэхэр: Ӏэфэ, Ӏэфэр, Хъанох, АбидаӀ, ЕлдаӀа. Ахэр псори Къэтурэ къытехъукӀащ.
5Ибрэхьим езым бгъэдэлъу хъуар Исхьэкъ иритащ. 6Ибрэхьим унэӀуту иӀа бзылъхугъэхэм я къуэхэми яритащ саугъэтхэр. ИтӀанэ езыр псэу щӀыкӀэ, бгъэдигъэкӀащ ахэр Исхьэкъ, езым и къуэм пэжыжьэу, къуэкӀыпӀэмкӀэ щыӀэ щӀыналъэмкӀэ игъэкӀуащ.
7Ибрэхьим къигъэщӀащ илъэсищэрэ блыщӀрэ тхурэ.
8Дунейм ехыжащ Ибрэхьим; жьыщхьэ махуэ хъуауэ, и ныбжьыр хэкӀуэтэпауэ, гъащӀэм гу щихуауэ лӀащ ар, хыхьэжащ езым и лъэпкъым.
9ЩыщӀалъхьэжащ ар абы и къуэхэу Исхьэкърэ Исмэхьилрэ хет лъэпкъым щыщ Цохар и къуэ Ефрон и губгъуэу Мамрэ пэщылъым щыӀэ Махпелэ бгъуэнщӀагъым. 10А губгъуэращ хет цӀыхухэм я деж Ибрэхьим къыщищэхуауэ щытар. Абдежым щыщӀалъхьэжащ Ибрэхьими абы и фыз Сари я хьэдэхэр. 11Ибрэхьим лӀа нэужь, Тхьэм и нэфӀ къыщыхуащ абы и къуэ Исхьэкъ. Исхьэкъ щыпсэурт Бэр-Лахъай-Рой деж.
Исмэхьил къытехъукӀахэр
12Мис Ибрэхьим и къуэу Исмэхьил къытехъукӀа цӀыхухэр; Исмэхьил Сарэ и ӀунэӀут бзылъхугъэ Хьэджэр, Мысырым щыщым, Ибрэхьим къыхуилъхуа къуэр.
13Аращи, мис Исмэхьил и къуэхэм я цӀэхэр, ахэр къызэралъхуам елъытауэ: Исмэхьил и щыпэлъху Нэбаиот, абы и ужькӀэ Къэдар, Адбэл, Мибсам, 14МишмаӀ, Думэ, Масэ, 15Хъадад, Тэма, Етур, Нафиш икӀи Къэдэмэ. 16Ахэр Исмэхьил и къуэхэщ, икӀи ахэрщ я цӀэхэр, я жылэхэм, я куэшыпӀэхэм елъытауэ. Ахэр я лъэпкъхэм я пщы пщыкӀутӀщ.
17Исмэхьил и ныбжьыр хъурт илъэсищэрэ щэщӀрэ блырэ; дунейм ехыжащ ар, лӀащ, хыхьэжащ езым и лъэпкъым. 18Ахэр щыпсэуащ Хьауилэ щыщӀэдзауэ Мысырым пэщылъ Шурэм нэсу, Ашур ущыхуэкӀуэкӀэ. Ахэр зэгурымыӀуэныгъэкӀэ псэуащ.
Эсаурэ Екъубрэ Ребеккэ къызэрыхуэхъуар
19Мис Исхьэкъ, Ибрэхьим и къуэм, къытехъукӀа цӀыхухэр.
Ибрэхьим къыхуэхъуащ Исхьэкъ. 20Исхьэкъ илъэс плӀыщӀ хъурт абы Ребеккэ, Паддан-Арам щыщ арамей Бэтуел и пхъур, арамей Лабан и шыпхъур, фызу къыщишам. 21Зиусхьэным елъэӀурт Исхьэкъ езым и фызым папщӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар лъхуэртэкъым; Зиусхьэным зэхихащ ар, арати, хъуащ лъэщыджэ Ребеккэ, абы и фызыр. 22Абы и къуэхэр и ныбэм щыныкъуакъуэ хъуати, абы жиӀащ:
– Апхуэдэу хъунумэ, сыткӀэ сыхуей абы?
ИкӀи кӀуащ еупщӀыну Зиусхьэным. 23Зиусхьэным
къыжриӀащ абы:
– ЛъэпкъитӀ илъщ уи кӀуэцӀым,
лъэпкъышхуэ зэныкъуэкъуу тӀу къикӀынущ уи ныбэм,
зы лъэпкъыр хъунущ адрейм нэхърэ нэхъ лъэщ,
нэхъыжьыр хуэлэжьэнущ нэхъыщӀэм.
24Къэсащ, арати, абы и лъхуэгъуэр: икӀи, мис, затӀолъхуэныкъуэхэр абы и ныбэм илъщ. 25Япэрейр ныбэм къикӀащ плъыжьу, фэм хуэдэу цыбэу; фӀащащ абы цӀэуэ Эсау. 26ИтӀанэ ныбэм къикӀащ абы и къуэшыр, и ӀэмкӀэ Эсау и лъэдакъэр иӀыгъыу; фӀащащ абы цӀэуэ Екъуб#25:26 Екъуб – пасэрей журтыбзэкӀэ абы къикӀыр: абы лъэдакъэр иӀыгът.. Исхьэкъ илъэс хыщӀ хъурт, ахэр къыщалъхуам.
Эсау и щыпэлъхугъэр зэрищар
27Сабийхэм я ныбжь нэсри, Эсау хъуащ хьэкӀэкхъуэкӀэ къэубыдыным хуэӀэзэ цӀыху, губгъуэлӀ; Екъуб хъуащ цӀыху Ӏэсэ, шэтырхэм щыпсэууэ. 28Исхьэкъ фӀыуэ лъагъурт Эсау, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы къиущэкӀухэр фӀэӀэфӀт; Ребеккэ фӀыуэ илъагъур Екъубт.
29ПщэфӀащ Екъуб махуэ гуэрым, Эсау губгъуэм ешауэ къыщикӀыжым.
30ЖриӀащ Эсау Екъуб:
– Къызэт сшхыну плъыжьыр, мо плъыжьыр; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сешащ, – жриӀащ Эсау Екъуб. Абы къыхэкӀыу абы фӀащащ цӀэ лей: Эдом#25:30 Эдом – пасэрей журтыбзэмкӀэ абы къикӀыр: плъыжьщ..
31Ауэ Екъуб жиӀащ:
– Къызэщэ иджы уи щыпэлъхур.
32– Мис, сэ солӀэ, сыт къысхуищӀэжынур щыпэлъхум? – жиӀащ Эсау.
33– Тхьэлъанэ къысхуэщӀ иджыпсту, – жиӀащ Екъуб.
Абы тхьэлъанэ къыхуищӀащ икӀи кърищащ щыпэлъхур Екъуб.
34ИтӀанэ иритащ Екъуб Эсау щӀакхъуи джэшым къыхэщӀыкӀа шхыныгъуэри. Модрейри ешхэщ, ефэщ, тэджри ежьэжащ; щыпэлъхум и хуитыныгъэм апхуэдизэу уасэ хуищӀакъым Эсау.

Currently Selected:

1 Мусэ 25: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in