YouVersion Logo
Search Icon

1 Мусэ 24

24
Исхьэкъ фыз къызэришар
1Ибрэхьим лӀыжь хъуат, и ныбжьыр хуабжьу хэкӀуэтат. Зиусхьэным и нэфӀ къыщыхуат Ибрэхьим сыт ищӀыскӀи.
2ЖриӀащ Ибрэхьим езым и унэӀутым, абы и унэм деж щынэхъыжьым, абы и мылъкур зезыгъакӀуэм:
– Уи Ӏэр си куэ щӀагъым къыщӀэлъхьи, 3тхьэлъанэ къысхуэщӀ Зиусхьэну уафэми щӀылъэми я ТхьэмкӀэ, сэ сызыхэс Ханаан цӀыхухэм япхъухэм ящыщ си къуэм фызу къызэрыхуумышэнумкӀэ; 4АтӀэ укӀуэнущ си щӀыналъэм, си Ӏыхьлыхэм я деж, абы къыхуипшынущ фыз си къуэ Исхьэкъ.
5– Бзылъхугъэр си гъусэу мы щӀыналъэм къэкӀуэну хуэмеинкӀи хъунущ, – жриӀащ абы унэӀутым, – апхуэдэу хъумэ, езгъэгъэзэжын хуей уи къуэм уэ укъызэрыкӀа щӀыналъэм?
6– Сакъ, йомыгъэгъэзэж абы си къуэм, – жриӀащ абы Ибрэхьим. 7Зиусхьэну уафэм и Тхьэм, си адэм и унэмрэ сэ сызыщалъхуа щӀыналъэмрэ сыкъизышам, икӀи «Уэ къыптехъукӀыну бынхэм естынщ мы щӀыналъэр» жиӀэурэ псалъэ быдэ къызэзытам – Абы нигъэкӀуэнущ Езым и мелыӀычыр уяпэ иту, уэри къыхуэпшэнущ фыз си къуэм, абы щыщу. 8Ауэ фызым уи гъусэу къэкӀуэну имыдэмэ, уэ хуит ухуэхъужынущ уэ къысхуэпщӀа мы тхьэлъанэм; си къуэм йомыгъэгъэзэж закъуэ абы.
9Арати, унэӀутым и Ӏэр и зиусхьэн Ибрэхьим и куэ щӀагъым щӀилъхьэри, тхьэлъанэ ищӀащ абыкӀэ. 10ИтӀанэ унэӀутым езым и зиусхьэным и махъшэхэм ящыщу махъшипщӀ къыхихури, ежьащ. Апхуэдэуи абы здришэжьащ и зиусхьэным и хъугъуэфӀыгъуэ зэмылӀэужьыгъуэхэр. Ар ежьэри кӀуащ Месопотамием, Нахъор зи цӀэ къалэм.
11КъыщигъэувыӀащ махъшэхэр къалэбгъум, абы дэмыхьэу, псыкъуийм деж, пщыхьэщхьэхуегъэзэкӀыу, бзылъхугъэхэм псы кърагъэхъуэну къыщыдэкӀ зэманым. 12ЖиӀащ абдеж:
– Зиусхьэн, си тепщэ Ибрэхьим и Тхьэ! Нобэ си Ӏуэху къигъэкӀ, фӀы къыхуэщӀэ си тепщэ Ибрэхьим. 13Мыбдежым сыбгъэдэтщ сэ псы къыщӀэжыпӀэм, къалэдэсхэм япхъухэри къыдокӀ псы кърагъэхъуэну; 14Иджы «КъэгъэщӀейт уи кхъуэщыныр, псы сефэнущи» зыжесӀэу, «Ефэ, сэ уи махъшэхэри езгъэфэнщ», къызжезыӀэжыну пщащэр арщ Уэ хухэпхар Уи ӀурыщӀэ Исхьэкъ; икӀи абыкӀэ къэсщӀэнущ си зиусхьэным Уэ фӀы къызэрыхуэпщӀэр.
15Абы и псалъэр нимыгъэсауэ, къыдэкӀащ Ребеккэ, Ибрэхьим и къуэш Нахъоррэ и фыз Милкъэрэ я къуэ Бэтуел и пхъур, и кхъуэщыныр и дамэм тету. 16Пщащэр теплъэкӀэ дахэкӀейт, лӀым имыцӀыхуа хъыджэбзт. Ар псы къыщӀэжыпӀэм къыӀухьэщ, и кхъуэщыным псы къригъахъуэри, ежьэжащ. 17УнэӀутыр абы пежажьэри, жриӀащ:
– Сегъафэт уи кхъуэщыным ит псым щыщ тӀэкӀу.
18– Ефэ, си зиусхьэн, – жиӀащ абы.
Кхъуэщыныр и дамащхьэм кърихьэхри псы иригъэфащ ар. 19Ар псы иригъэфа нэужь, Ребеккэ жиӀащ:
– Сэ уи махъшэхэми псыкъуийм псы къахуисхынщ, абыхэм загъэнщӀыху.
20Кхъуэщыным ита псыр хьэкхъуафэм ирикӀэри, аргуэру бгъэдэлъэдащ псыкъуийм, псы кърихыну, апхуэдэурэ псы кърихащ абы и махъшэ псоми папщӀэ. 21Ибрэхьим и унэӀутыр еплъырт абы, игъэщӀагъуэу, зиущэхуауэ, Зиусхьэным абы и гъуэгур иузэщӀарэ имыузэщӀарэ къищӀэну хуейуэ. 22Махъшэхэм псы ефэн щаухым, а лӀым къищтащ дыщэ ахъшэ ныкъуэ зи хьэлъагъ#24:22 дыщэ ахъшэ ныкъуэ зи хьэлъагъ – грамм 6-м хуэдиз. дыщэ тхьэгъурэ абы и Ӏэхэм ирилъхьэн дыщэ ӀэпщэхъуитӀрэ дыщэ ахъшипщӀ я хьэлъагъыу#24:22 дыщэ ахъшипщӀ я хьэлъагъыу – грамм 115-м хуэдиз.. Ахэр пщащэм иритащ итӀанэ.
23ЖиӀащ абы итӀанэ:
– Хэт урипхъу уэ? КъызжеӀэт сэ; уи адэм и унэм щыӀэу пӀэрэ дэ нэху дыкъыщекӀын щӀыпӀэ?
24– Сэ срипхъущ Милкъэ Нахъорым къыхуилъхуа Бэтуел, – къыжриӀащ абы.
25АдэкӀи абы къыжриӀащ:
– Дэ диӀэщ хьэуазэ куэди Ӏуси; щыӀэщ нэху фыкъыщекӀын щӀыпӀи.
26Ар щыжиӀэм, иритащ унэӀутым дыщэ тхьэгъурэ дыщэ ӀэпщэхъутӀрэ. Зигъэщхъащ абдеж а лӀым, щхьэщӀэ хуищӀащ Зиусхьэным. 27Мыр жиӀэри:
– ЩӀыхьышхуэр ейщ Зиусхьэну Ибрэхьим и Тхьэм, и фӀыгъуэрэ и пэжыгъэрэ си тепщэр хэзымыгъэнам, – жиӀащ абы. – Зиусхьэным гъуэгу занщӀэкӀэ сыкъыхуишащ си тепщэм и Ӏыхьлыхэм я унэм.
28Пщащэр жэрыгъэкӀэ кӀуэжри, хъыбарыр щиӀуэтэжащ и анэм и унэм. 29,30Ребеккэ иӀэт дэлъху, Лабан и цӀэу. И шыпхъум и тхьэгъумрэ абы и Ӏэхэм илъ Ӏэпщэхъухэмрэ къыщилъагъум, «Апхуэдэу къызэпсэлъащ а лӀыр» жиӀэурэ Ребеккэ къиӀуэтэжыр щызэхихым, Лабан къыдэжри къэкӀуащ а лӀым деж, псы къыщӀэжыпӀэм. Ар щытщ махъшэхэм ябгъэдэту псы къыщӀэжыпӀэм деж. 31– Къеблагъэ, Зиусхьэным и нэфӀ зыщыхуа, – жиӀащ Лабан, – Сыт уэрамым ущӀыдэтыр? Сэ къэзгъэхьэзыращ унэри махъшэхэм папщӀэ увыӀэпӀэри.
32Арати, еблэгъащ ар. Лабан къатрихащ махъшэхэм уанэхэр, яритащ абыхэм хьэуазэрэ Ӏусрэ, яритащ псы а цӀыхуми, абы и гъусэ цӀыхухэми я лъакъуэхэр иратхьэщӀыну. 33ИтӀанэ хуагъэуващ абы шхын; ауэ абы жиӀащ:
– Сышхэнукъым си Ӏуэхур къэзмыӀуатэу.
– КъэӀуатэ, – жаӀащ мыдрейхэм.
34– Сэ Ибрэхьим сриунэӀутщ, – жиӀащ абы. 35– Зиусхьэным икъукӀэ и нэфӀ къыщыхуащ си тепщэм, икӀи ар хъуащ щэджащэ. Езым къритащ абы мэлхэри выхэри, дыжьыни дыщи, унэӀут цӀыхухъухэри унэӀут бзылъхугъэхэри, махъшэхэри шыдхэри. 36Сарэ, си тепщэм и фызым, жьы хъуауэ си тепщэм къыхуилъхуащ къуэ, езым бгъэдэлъу хъуар зритар. 37ИкӀи сигъэщӀащ си тепщэм тхьэлъанэ, мыр жиӀэри: «Къыхуумышэ си къуэм зи щӀыналъэм сыщыпсэу ханаан цӀыхухэм япхъухэм ящыщ фызу; 38АтӀэ си адэм и унэмрэ си Ӏыхьлыхэмрэ я деж кӀуэи, къыхуэшэ си къуэм фыз».
39– Сэ жесӀащ си тепщэм: «Си гъусэу бзылъхугъэр къысхуэмыкӀуэнри хэлъщ». 40Абы къызжиӀащ сэ: «Зи пащхьэ сэ сыщызекӀуэ Зиусхьэным ныбдигъэкӀуэнущ Езым и мелыӀычыр, уи гъуэгу махуэ хъунущ, уэри къахэпшынущ си къуэм папщӀэ фыз сэ къыздалъхуахэм, къипшынущ ар си адэм и унэм. 41Си Ӏыхьлыхэм я деж укӀуа нэужь, пщхьэщызох си тхьэлъанэр, абыхэм къуамытмэ, пщхьэщызох тхьэлъанэр».
42– Арати, сыкъэкӀуащ сэ иджы псы къыщӀэжыпӀэм, икӀи жысӀащ: «Зиусхьэн, си тепщэ Ибрэхьим и Тхьэ! Сэ сызэрыкӀуэ гъуэгур Уэ махуэ пщӀымэ, 43иджы мыбдежым, сэ сыӀутщ псы къыщӀэжыпӀэм. Пщащэу псы къригъэхъуэну къыдэкӀыу сэ: „Уи кхъуэщыным ит псым щыщ тӀэкӀу сегъафэт“ зыжесӀэр, 44„Уэри ефэ, уи махъшэхэми папщӀэ псы къисхынщ“, къызжезыӀэжыращ фызу Зиусхьэным си тепщэм и къуэм хухихар».
45– Иджыри сухатэкъым ар жысӀэн сигукӀэ, абдеж, мис, ныдэкӀащ Ребеккэ, и кхъуэщыныр и дамащхьэм тету, псы къыщӀэжыпӀэм щхьэщыхьэри псы къригъэхъуащ; сэри жесӀащ абы: «Сегъафэт». 46Абы и къуэщыныр занщӀэу иригъэувэхри жиӀащ: «Ефэ; уи махъшэхэри сэ езгъэфэнщ». Сэри сефащ, махъшэхэри абы псы иригъэфащ. 47Сэ сеупщӀащ абы, мыпхуэдэу жысӀэри: «Хэт урипхъу уэ?» Абы жиӀащ: «Нахъор и къуэ Бэтуелу абы Милкъэ къыхуилъхуам срипхъущ». Сэ абы естащ тхьэгъурэ и Ӏэхэм щхьэкӀэ ӀэпщэхъуитӀрэ. 48Зызгъэщхъри згъэлъэпӀащ сэ Зиусхьэныр, щӀыхьи хуэсщӀащ Зиусхьэным, си тепщэ Ибрэхьим и Зиусхьэну си тепщэм и къуэшым и пхъур абы и къуэм хуэсшэн папщӀэ, гъуэгу занщӀэкӀэ сыкъэзышам. 49Иджы къызжефӀэ, фи мураду пӀэрэ фэ си тепщэм фӀыгъуэрэ пэжыгъэрэ хуэфщӀэну, хьэмэрэ фи мымурадрэ; къызжефӀэ ари, сэ згъэзэнщ ижьымкӀэ е сэмэгумкӀэ.
50Жэуап къатащ Лабанрэ Бэтуелрэ, мыр жаӀэурэ:
– Зиусхьэным къыбгъэдэкӀащ мы Ӏуэхур; дэ тхузэфӀэкӀынукъым абы дыпэрыуэу ӀейкӀи фӀыкӀи зыгуэр жытӀэну. 51Ребеккэ уи пащхьэм итщ; здэши, кӀуэж; хурехъу ар фыз уи тепщэм и къуэм, Зиусхьэным зэрыжиӀауэ.
52Ибрэхьим и унэӀутым абыхэм я псалъэхэр щизэхихым, щӀыгум нэсу щхьэщэ хуищӀащ Зиусхьэным. 53УнэӀутым дыжьын хьэпшыпхэри, дыщэ хьэпшыпхэри, щыгъынхэри кърихри, иритащ Ребеккэ; абы и дэлъхуми и анэми яритащ тыгъэ лъапӀэхэр. 54ИтӀанэ ешхащ, ефащ ари абы и гъусэ цӀыхухэри, нэхуи къыщекӀащ абдежым. Пщэдджыжьым къыщытэджым, абы жиӀащ:
– СывутӀыпщыж си тепщэм деж.
55Ауэ абы и дэлъхумрэ и анэмрэ жаӀащ:
– Иресыж пщащэр ди унэм махуипщӀ нэхъ мыхъуми; итӀанэ уежьэжынщ.
56– Сывмыгъэгувэ, – яжриӀащ унэӀутым, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным махуэ ищӀащ си гъуэгур; сывутӀыпщыжи, сыкӀуэжынущ си тепщэм деж.
57– Пщащэр къедджэнщи, деупщӀынщ жиӀэнумкӀэ, – жаӀащ абыхэм.
58Ребеккэ къраджэри, жраӀащ абы:
– УкӀуэну мы цӀыхум уригъусэу?
– СыкӀуэнущ, – жиӀащ абы.
59Арати, яутӀыпщащ я шыпхъу Ребеккэри, ар зыпӀа бзылъхугъэри, Ибрэхьим и унэӀутри, абы и цӀыхухэри. 60Тхьэм и нэфӀ къыщыхуэну хуелъэӀуащ Ребеккэ, мыр жраӀэри:
– Ди шыпхъу!
КъыптрехъукӀ уэ минурэ минхэр,
къаӀэщӀрехьэ уэ къыптехъукӀыну бынхэм
я бийхэм я лъапсэхэр!
61Ребекки абы и ӀуэхутхьэбзащӀэ бзылъхугъэри тэджри, махъшэхэм шэсащ, икӀи ежьащ а цӀыхум и ужьым иту. УнэӀутым Ребеккэ зыщӀигъури, ежьэжащ.
62Исхьэкъ къикӀащ Бэр-Лахай-Рой; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар щыпсэурт Нэгэв губгъуэ нэщӀым. 63Пщыхьэщхьэ хъуауэ, Исхьэкъ губгъуэм ихьащ гупсысэну; и напӀэхэр иӀэту къыщыдэплъейм, къилъэгъуащ: къокӀуэ махъшэхэр. 64Ребеккэ плъэри, Исхьэкъ къыщилъагъум, къепсыхащ махъшэм. 65ЖриӀащ абы унэӀутым:
– Хэт губгъуэм иту мо цӀыху къытхуэкӀуэр?
– Ар си тепщэр арщ, – жиӀащ унэӀутым.
Абдеж абы щхьэтепхъуэр къищтэри зытрипхъуащ.
66УнэӀутым Исхьэкъ хуиӀуэтэжащ езым ищӀа псори. 67ЩӀишащ Исхьэкъ ар езым и анэ Сарэ и шэтырым; икӀи екӀуэлӀащ Ребеккэ, екӀуалӀэри хъуащ ар абы и фыз. Исхьэкъи ар фӀыуэ илъэгъуащ; апхуэдэуи щхьэщыкӀащ Исхьэкъ езым и анэм папщӀэ иӀэ гукъеуэр.

Currently Selected:

1 Мусэ 24: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in