1
1 Мусэ 24:12
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
ЖиӀащ абдеж: – Зиусхьэн, си тепщэ Ибрэхьим и Тхьэ! Нобэ си Ӏуэху къигъэкӀ, фӀы къыхуэщӀэ си тепщэ Ибрэхьим.
Compare
Explore 1 Мусэ 24:12
2
1 Мусэ 24:14
Иджы «КъэгъэщӀейт уи кхъуэщыныр, псы сефэнущи» зыжесӀэу, «Ефэ, сэ уи махъшэхэри езгъэфэнщ», къызжезыӀэжыну пщащэр арщ Уэ хухэпхар Уи ӀурыщӀэ Исхьэкъ; икӀи абыкӀэ къэсщӀэнущ си зиусхьэным Уэ фӀы къызэрыхуэпщӀэр.
Explore 1 Мусэ 24:14
3
1 Мусэ 24:67
ЩӀишащ Исхьэкъ ар езым и анэ Сарэ и шэтырым; икӀи екӀуэлӀащ Ребеккэ, екӀуалӀэри хъуащ ар абы и фыз. Исхьэкъи ар фӀыуэ илъэгъуащ; апхуэдэуи щхьэщыкӀащ Исхьэкъ езым и анэм папщӀэ иӀэ гукъеуэр.
Explore 1 Мусэ 24:67
4
1 Мусэ 24:60
Тхьэм и нэфӀ къыщыхуэну хуелъэӀуащ Ребеккэ, мыр жраӀэри: – Ди шыпхъу! КъыптрехъукӀ уэ минурэ минхэр, къаӀэщӀрехьэ уэ къыптехъукӀыну бынхэм я бийхэм я лъапсэхэр!
Explore 1 Мусэ 24:60
5
1 Мусэ 24:3-4
тхьэлъанэ къысхуэщӀ Зиусхьэну уафэми щӀылъэми я ТхьэмкӀэ, сэ сызыхэс Ханаан цӀыхухэм япхъухэм ящыщ си къуэм фызу къызэрыхуумышэнумкӀэ; АтӀэ укӀуэнущ си щӀыналъэм, си Ӏыхьлыхэм я деж, абы къыхуипшынущ фыз си къуэ Исхьэкъ.
Explore 1 Мусэ 24:3-4