ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:22-24
ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:22-24 KBDNTGP2017
Фи псэукӀэжьым щыщу фи щэныжь бзаджэр зыхэвнын зэрыхуейр фагъэщӀащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи щэныжь бзаджэм и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэу фыкъэзыгъапцӀэхэмкӀэ фигъэунэхъуну хэтащ. Фи гум илъри фи гупсысэкӀэри Тхьэм зэревгъэхъуэкӀын зэрыхуейр фагъэщӀащ. Щыпкъагъэрэ гукъабзагъэрэ тэмэму фиӀэнуи, езым фыхуэдэнуи, Тхьэм фыкъигъэхъужауэ, щэныщӀэфӀыр фащэу зэфшэкӀын зэрыхуейри фагъэщӀащ.






