ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4
4
4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Зыпкъ закъуэм дыхуэдэщ
1Сэ, Зиусхьэным сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсу сыныволъэӀу: Тхьэм фыкъызыхуриджа псэукӀэм хуэфащэу фыпсэу. 2Фымыпагэ, гущабагъэри шыӀэныгъэри фи гум ивгъэлъ, фӀылъагъуныгъэкӀэ зым зыр ирешыӀэ. 3Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм зэакъылыгъу фищӀащи, ар зэрыфхъумэным фызэзыпх зэгурыӀуэныгъэмкӀэ фыхущӀэкъу. 4Зы пкъым дыщыщыщщ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри зыщ, дызыщыгугъыу дызыпэплъэ Ӏуэхуу Тхьэм дыкъызыхуриджари зыщ. 5Зиусхьэныр зыщ, фӀэщхъуныгъэри зыщ, дыщӀаумэхъри зыщ. 6Тхьэуэ цӀыху псоми я Адэ лъапӀэри зыщ. Абы цӀыху псоми тепщэныгъэ яхуиӀэщ, къэхъугъэ псоми Ӏуэху зыхурегъэлэжь, ар псоми ди псэм щыщщ.
7Дэ тщыщ дэтхэнэми Мэссихь и нэфӀ къыщыхуащ, хэти тыгъэ къритыну зэрыхуигъэфэщам теухуауэ. 8Аращ Тхьэм и псалъэ тхахэм щӀахэтыр:
«ИщхьэмкӀэ щыдэкӀуеижым,
Ӏэхъулъэхъу зэрылъхэр здыдришеящ,
цӀыхухэми тыгъэхэр яритащ».
9(«ИщхьэкӀэ дэкӀуеижащ» жыхуиӀэ псалъэхэм къикӀыр езыр нэхъапэм щӀылъэм и лъахъшапӀэ дыдэм нэс къызэрехаращ. 10А лъахъшапӀэ дыдэм къехар езы дыдэращ уафэ псоми нэхърэ нэхъ лъагэу дэкӀуеижар, къэхъугъэ псори щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу нэгъэса ищӀын щхьэкӀэ.) 11Мэссихь цӀыхухэм тыгъэхэр зэраритар мыращ: цӀыху гуэрхэр апостолу#4:11 апостолхэр – япэщӀыкӀэ лӀы пщыкӀутӀ Хьисэ и гъуэгум ирикӀуэну къыхихахэрщ, итӀанэ Паул хуэдэу Мэссихь игъэува нэгъуэщӀ цӀыхухэрщ. игъэуващ, нэгъуэщӀхэри бегъымбару#4:11 бегъымбархэр – еплъ 2:20. игъэуващ, адрейхэми езым теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуэтэну игъэуващ, итӀанэ нэгъуэщӀ гуэрхэри дин пашэу икӀи дин егъэджакӀуэу игъэуващ. 12Ахэр щӀигъэувар и цӀыху лъапӀэхэм езым хуэлэжьэну лъэкӀыныгъэ яритын, Мэссихь и пкъым щыщхэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ яригъэгъуэтын папщӀэщ. 13Апхуэдэу, дэ псоми Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэу, ар зыхуэдэри тщӀэуэ, зы дыхъунущ икӀи Мэссихь и щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэсауэ зэрыщытым хуэдэу, дэри, ди щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса дыхъунущ.
14Толъкъунхэм адэ-мыдэкӀэ дызэрадзэу, сабийм дыхуэдэжынкъым итӀанэ, цӀыху гуэрхэм адрей цӀыхухэм ирагъащӀэ хъыбархэм я жьыбгъэ псоми дызэрахуэжыфынукъым. Адрей цӀыхухэр дэшэхыным хуэӀэзэ цӀыхухэм я пцӀыр къытхэзэгъэжынукъым итӀанэ. 15ФӀылъагъуныгъэр ди гум илъу, щыпкъагъэр къыжытӀэурэ, сыт хуэдэ лъэныкъуэкӀи Мэссихь хуэдэ дыхъуурэ зыдужьынущ. Езыращ щхьэр. 16Езы Мэссихьыращ пкъым къару езыгъэгъуэтри, пкъыр зэзыпхыурэ пкъы псори зэхэзыгъэувэри, зэщӀэзыубыдэри. Апхуэдэу пкъым щыщ дэтхэнэ пкъыгъуэри зэрылэжьэн хуейм хуэдэу щылажьэкӀэ, пкъым хохъуэ, фӀылъагъуныгъэкӀи къару нэхъ егъуэт.
Мэссихь зи псэм щыщхэм яӀэ хъуну псэукӀэщӀэр
17Зиусхьэным и цӀэкӀэ куэду фхузогъэбыдэ: Хамэ лъэпкъхэм я щхьэхэр нэщӀу зэрыпсэум хуэдэу фымыпсэу. 18Я зэхэщӀыкӀ кӀыфӀщ, я ерыщыгъэм къыхэкӀкӀи зыри къагурымыӀэу, Тхьэм цӀыхухэм къарит гъащӀэм пэжыжьэщ ахэр. 19Гулъытэ ямыӀэу, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратащ абыхэм, загъэнщӀыни ялъэмыкӀыу, сыт хуэдэ мыкъабзэныгъэми хэтщ.
20Ауэ Мэссихь и хъыбарыр фэзыгъэщӀа цӀыхухэм а хъыбарыр щӀывагъэщӀар аракъым. 21Мэссихь и хъыбарыр фэ зэхэфхащ, езыри фи псэм щыщу, абы хэлъ щыпкъагъэр зэхэфщӀыкӀащ. 22Фи псэукӀэжьым щыщу фи щэныжь бзаджэр зыхэвнын зэрыхуейр фагъэщӀащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи щэныжь бзаджэм и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэу фыкъэзыгъапцӀэхэмкӀэ фигъэунэхъуну хэтащ. 23Фи гум илъри фи гупсысэкӀэри Тхьэм зэревгъэхъуэкӀын зэрыхуейр фагъэщӀащ. 24Щыпкъагъэрэ гукъабзагъэрэ тэмэму фиӀэнуи, езым фыхуэдэнуи, Тхьэм фыкъигъэхъужауэ, щэныщӀэфӀыр фащэу зэфшэкӀын зэрыхуейри фагъэщӀащ.
25Аращи, пцӀы упсыныр зыхэвни, хэти езым и гъунэгъум щыпкъагъэр щытрырет, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ псори зыпкъ закъуэм дыщыщщ. 26Фыгубжьми, гуэныхь зыхэлъ фымыщӀэ. Фыгубжьауэ, жэщ зытевмыгъахъуэ. 27ШейтӀаным гъуэгу евмыт. 28ДыгъуакӀуэр иремыдыгъуэж, ар ирелажьи, и ӀэхэмкӀэ фӀы ирырелэжь, щыщӀагъэ зиӀэхэм ядигуэшын иӀэн щхьэкӀэ.
29ЕмыкӀу псалъэ фи жьэм къыжьэдэвмыгъэкӀ, адрей цӀыхухэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ евгъэгъуэтурэ, псалъэфӀхэр фи жьэм къыжьэдэвгъэкӀ, а псалъэхэр зэхэзых цӀыхухэм фи фӀагъ евгъэкӀын щхьэкӀэ. 30Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гур хэвмыгъэщӀ. Тхьэм фи щхьэхэр щищэхужыну махуэм#4:30 Тхьэм фи щхьэхэр щищэхуну махуэр – къемэтмахуэр арщ. нэсыху, езым и Псэ ЛъапӀэр, мыхъурым хуэдэу, фи гум кърилъхьащ. 31Сыт хуэдэ гужьгъэжьри, къызэщӀэплъэнри, губжьынри, кӀий-гуоунри, цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьынри, сыт хуэдэ бзаджагъэри зыхэвныж. 32Зыр зым фӀыуэ хущрет, гущӀэгъу зэхуэфщӀ икӀи зым адрейм хуэвгъэгъу, Мэссихь и хьэтыркӀэ Тхьэм фэ къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу.
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017