YouVersion Logo
Search Icon

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3

3
3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хамэ лъэпкъхэм яхуилэжьа Ӏуэхум Паул зэрытепсэлъыхьыр
1Абы щхьэкӀэ сэ, Паул, Мэссихь Хьисэ сыхуэлажьэурэ, фэ хамэ лъэпкъхэм#3:1 хамэ лъэпкъхэр – мыжуртхэр арщ. хъыбарыфӀыр зэрывэзгъащӀэм щхьэкӀэ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсщ.
2Тхьэм и нэфӀ къысщыхуэри, Ӏуэху фхуэсщӀэну си пщэм къызэрыдилъхьам и хъыбарыр зэхэфхауэ щытын хуейщ. 3Тхьэм и мурад щэхур къысхуигъэнахуэри сигъэщӀащ, кӀэщӀу нызэрыфхуэстхам хуэдэу. 4Мы тхылъым фыщеджэкӀэ, Мэссихь теухуа щэхур зэрэзэхэсщӀыкӀым гу лъыфтэнущ. 5А щэхур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм апостол лъапӀэхэмрэ бегъымбар лъапӀэхэмрэ#3:5 бегъымбар лъапӀэхэр – еплъ 2:20. мы зэманым зэрахуигъэнэхуам хуэдэу, цӀыхухэм я япэрей щӀэблэхэм Тхьэм яригъэщӀэгъакъым. 6А щэхур мыращ: Мэссихь Хьисэ хамэ лъэпкъхэм я псэм щыщ хъууэ хъыбарыфӀыр зэращтам щхьэкӀэ, Тхьэм израил лъэпкъым къалъигъэс ӀыхьэфӀыр абыхэми къалъегъэс; а лъэпкъхэри израилхэм ящӀыгъуу зы пкъым щыщщ, Тхьэм израил лъэпкъыр къызэригъэгугъа ӀуэхуфӀхэм абыхэми я Ӏыхьэ хэлъщ.
7Тхьэм къысхилъхьа лъэкӀыныгъэм тету, мы Ӏуэхур згъэзэщӀэну абы и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ саугъэту къызэрызитри, мы хъыбарыфӀым сыхуэлэжьэну сигъэуващ. 8Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм нэхърэ сынэхъ цӀыкӀуми, Тхьэм и нэфӀ къысщыхури, мы Ӏуэхур си пщэм къыдилъхьащ: Мэссихь хэлъ къулеигъэшхуэу зыми имыгъэунэхуфынум и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм езгъэщӀэнуи, 9Тхьэм и мурад щэхур цӀыху псоми наӀуэ яхуэсщӀынуи арщ. БлэкӀа лъэхъэнэхэм къыщыщӀэдзауэ, а мурад щэхур Тхьэуэ псори къэзыгъэщӀам цӀыхухэм яригъэщӀауэ щытакъым. 10Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар члисэ зэхуэсым и хьэтыркӀэ и акъылыфӀагъэ зэмылӀэужьыгъуэм и хъыбарыр уафэм щыӀэ Ӏэтащхьэхэми, тепщэныгъэ зиӀэхэми иджырей зэманым яригъэщӀэн щхьэкӀэщ. 11Тхьэм а Ӏуэхур игъэзэщӀащ, Мэссихь Хьисэу ди Зиусхьэным иригъэгъэзэщӀа зэи мыкӀуэдыжын мурадым тету. 12Мэссихь ди псэм щыщу, езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, дыгушхуэурэ икӀи езым дыщыгугъыурэ, Тхьэм и гъунэгъу дыхъун тлъэкӀынущ. 13Аращи, си фӀагъ фэзгъэкӀыурэ, гугъуехь зэрысшэчым щхьэкӀэ фи гур фымыгъэныкъуэну сыныволъэӀу. Сэ сшэч а гугъуехьым фэркӀэ фӀы хэлъщ.
ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм Паул Тхьэм зэрахуелъэӀур
14Аращи, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэм и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу соувэ. 15Езыращ Адэ лъапӀэу уафэми щӀылъэми щыӀэ унагъуэ псоми я цӀэр къызытекӀыр. 16Тхьэм и щӀыхьышхуэм тету, езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ фигухэр лъэкӀыныгъэкӀэ игъэбыдэну солъэӀу, 17ар фи фӀэщ зэрыхъуамкӀэ Мэссихь фи псэм щыщын щхьэкӀэ. 18Фи лъабжьэхэр фӀылъагъуныгъэм тещӀыхьауэ икӀи фэ абы фытету, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фрагъусэу, Мэссихь и фӀылъагъуныгъэм и бгъуагъри, и кӀыхьагъри, и кууагъри, и лъагагъри къывгурыӀуэн флъэкӀыну Тхьэм солъэӀу. 19А фӀылъагъуныгъэу щӀэныгъэ псоми къамыубыдыфынур фщӀэн ирехъу, Тхьэм и хьэл-щэн псори фхэлъын щхьэкӀэ.
20ЩӀыхьышхуэр зейр Тхьэращ. Тхьэм къытхилъхьа лъэкӀыныгъэмкӀэ Ӏуэхуу дызэрелъэӀуфынухэмрэ дызэгупсысыфынухэмрэ нэхърэ егъэлеяуэ нэхъыбэж ищӀыфынущ абы. 21Дэ, Мэссихь Хьисэ зи псэм хэлъу, члисэ зэхуэсым щыщхэм, мыкӀуэдыжын лъэхъэнэу къэкӀуэнухэмкӀи щӀэблэ къэхъунухэмкӀи Тхьэм щӀыхьышхуэр хуэдвгъэщӀ. Ӏэмин.

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

Videos for ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3