YouVersion Logo
Search Icon

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2

2
2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Мэссихь ди псэм щыщ зэрыхъуам щхьэкӀэ щӀэрыщӀэу дыкъалъхужащ
1Фи бзаджагъэмрэ фи гуэныхьхэмрэ къахэкӀкӀэ, лӀахэм хуэдэу фыщытащ. 2А Ӏуэхухэм я гъуэгум фрикӀуэрт. Мы дунейм и хабзэжь Ӏейм фытету, жьым тепщэныгъэ щызиӀэ Ӏэтащхьэу, жин бзаджэу#2:2 жьым тепщэныгъэ щызиӀэ Ӏэтащхьэ жин бзаджэр – шейтӀаныр арщ. Тхьэм емыдаӀуэхэм я псэм хэлэжьыхьыр зэрыхуейм тету фыпсэуащ. 3Дэ псори а цӀыхухэм дахэту, ди гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпсу щыта Ӏуэху мыхъумыщӀэхэм тету дыпсэуащ. Ди гуэныхьыщӀэ щэныжьымрэ ди гупсысэхэмрэ зыщӀэхъуэпсу щытар дгъэзащӀэу щытащ. Ди щэныжьым уеплъмэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэми хуэдэу, дэри Тхьэм и губжьым и тепщэныгъэм дыщӀэтащ. 4-5Дэ тщӀа гуэныхьхэм къахэкӀкӀэ, лӀахэм хуэдэу дыщыта пэтми, гущӀэгъушхуэ зиӀэ Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэшхуэм щхьэкӀэ Мэссихь дригъусэу дыкъигъэпсэужащ. Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ дыкъригъэлащ дымыкӀуэду. 6Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ абы дригъусэу Тхьэм дыкъигъэтэджыжащ, абы дригъусэуи уафэм хэщӀапӀэ къыщыдитащ. 7Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар Мэссихь Хьисэ къытхуригъэщӀа фӀыгъуэмкӀэ езым и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэу гъунэ зимыӀэр къэкӀуэну лъэхъэнэхэм я цӀыхухэми яригъэлъагъун щхьэкӀэщ. 8Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ фыкъригъэлащ фымыкӀуэду, фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ. Ар къызпкърыкӀар фэракъым, ар Тхьэм и тыгъэщ. 9Дэ фӀы зэрытщӀаракъым дымыкӀуэду Тхьэм дыкъыщӀригъэлыр. Ар зы цӀыхум и напщӀэ тримылъхьэн щхьэкӀэ, Тхьэм а Ӏуэхур апхуэдэу игъэпсащ. 10Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы дызэрыщытым хуэдэу дызыщӀар Тхьэращ. Мэссихь ди псэм щыщыну Тхьэм дыкъигъэщӀащ, Тхьэм къытхуигъэхьэзыра ӀуэхуфӀхэр длэжьын щхьэкӀэ.
МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр зы лъэпкъ зэрыхъур
11Аращи, фэ, хамэ лъэпкъыу къалъхуахэр, фыкъэдаӀуэ. Сунэт ящӀахэр (сунэт ӀэкӀэ ящӀахэращ жыхуэсӀэхэр) фэ, «сунэт ямыщӀакӀэ» зэджэхэм, мыр фи гум къэвгъэкӀыжын хуейщ: 12Пасэ зэманым Мэссихь фи псэм щымыщу фыпсэуащ. Израил лъэпкъым фыщымыщу, Тхьэм а лъэпкъыр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэм тещӀыхьа зэгурыӀуэныгъэхэмкӀэ#2:12 зэгурыӀуэныгъэхэр – еплъ Рим 9:4. Ӏыхьэ фимыӀэу хамэу фыщытащ. Гугъэ фимыӀэу, Тхьэр фымыщӀэу мы дунейм фытетащ. 13Ауэ иджы, Мэссихь фи псэм щыщ зэрыхъуам щхьэкӀэ, фэ, зэгуэрым Тхьэм пэжыжьэу щыта цӀыхухэр, Мэссихь и лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ Тхьэм гъунэгъу фыхуэхъуащ.
14Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езы Мэссихьщ дызэзыгъэкӀужар. Езыращ а тӀур#2:14 а тӀур – журтхэмрэ мыжуртхэмрэщ. зы зыщӀари, абыхэм яку дэлъа зэбииныгъэм и блыныр ипкъкӀэ къэзыгъэуари. 15Унафэхэмрэ хабзэхэмрэ зэрыт Торэт хабзэр лъэныкъуэ иригъэзащ абы. Мэссихь апхуэдэу щӀищӀар, цӀыхухэр зэригъэкӀужкӀэрэ, а лъэпкъитӀыр зы лъэпкъыщӀэ игъэхъун папщӀэщ. 16Зэбииныри жорым щигъэкӀуэду, а тӀур зыпкъ хъуауэ, жорым зэрыкӀэрылӀыхьам щхьэкӀэ, ахэр Тхьэм иригъэкӀужын папщӀэщ Мэссихь апхуэдэу щӀищӀар. 17Мэссихь къакӀуэри, фэ, Тхьэм пэжыжьэу щыта цӀыхухэми, абы и гъунэгъуу щыта цӀыхухэми, зэкӀужыныгъэм и хъыбарыр къывигъэщӀащ. 18Мэссихь илэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ, а зы Псэ ЛъапӀэр ди псэм хэлъурэ, тӀури Адэ лъапӀэм и гъунэгъу дыхъун тлъэкӀынущ дэ.
19Аращи, хамэу икӀи хэхэсу фыщытыжкъым, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм фыхилъытащ, Тхьэм и унагъуэм щыщи фыхъуащ. 20Апостолхэмрэ бегъымбархэмрэ#2:20 бегъымбархэр – чыристан бегъымбар гупу Хьисэ и цӀэкӀэ къэпсалъэу щытахэращ. Еплъ Апостол. 13:1; 1 Кор. 12:28-29. ягъэува лъабжьэм фытетщ. Езы Мэссихь Хьисэращ унэр зэтезыӀыгъ лъабжьэ мывэ нэхъыщхьэр. 21Зиусхьэн Хьисэщ унэ псори зэтезыгъэувэр, езыр а унэм зэрисым щхьэкӀэ, Тхьэм и унэшхуэ лъапӀэ хъуну зеӀэт. 22Фэ Мэссихь фи псэм щыщщи, мывэхэм фахуэдэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зэрыс унэм Мэссихь фэри фыхегъэувэ.

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in