2 Кор. 8
8
8-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ЩыщӀагъэ зиӀэ къуэшхэм ахъшэ хузэхуэхьэсыныр
1Иджы, си къуэшхэ, Македоние хэкум щыщ члисэ зэхуэсхэм Тхьэм и нэфӀ къазэрыщыхуар фэдгъэщӀэну дыхуейщ. 2Гузэвэгъуэ хэтурэ, я щыпкъагъэр икъукӀэ гъэунэхуа щыхъум, тхьэмыщкӀэ дыдэу щытахэри, гуфӀэгъуэшхуэр яӀэу, я мылъкуми щымысхьу, къуэшхэм ядэӀэпыкъуащ. 3ЯлъэкӀынум хуэдиз, уеблэмэ нэхъыбэ, езыхэр арэзыуэ зэратамкӀэ сращыхьэтщ. 4Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм ди гъусэу ядэӀэпыкъункӀэ хуит тщӀыну я фӀэщу къыдэлъэӀуащ. 5Дазэрыщыгугъа къудейкъым къатар, атӀэ япэщӀыкӀэ Зиусхьэным и ӀэмыщӀэ зралъхьэри, итӀанэ Тхьэр зэрыхуейм тету ди ӀэмыщӀэ зыкъралъхьэжащ. 6Аращи, Тит ахъшэ зэхуэфхьэсын Ӏуэхур иублэгъащи, мы ӀуэхуфӀыр и кӀэм нигъэсыну делъэӀуащ. 7ФӀэщхъуныгъэмкӀи, псэлъэнымкӀи, щӀэныгъэмкӀи, егугъуныгъэшхуэ псомкӀи, фӀылъагъуныгъэу къытхувиӀэмкӀи – а псоми фызэрыхуэкъулейм хуэдэу, ахъшэ зэхуэхьэсынымкӀи, фи мылъкум фыщымысхьу, а ӀуэхуфӀыр ипэкӀэ вгъэкӀуатэ.
8Мыр унафэу ныфхуэсщӀыркъым, ауэ нэгъуэщӀхэм яӀэ егугъуныгъэшхуэм хуэзгъадэурэ, фэ фиӀэ фӀылъагъуныгъэм и щыпкъагъэр згъэунэхуну сыхуейщ. 9Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къызэрытщыхуар фощӀэ. Ар хуэкъулейуэ щыта пэтми,#8:9 хуэкъулейуэ щыта пэтми – и Адэ лъапӀэм и деж щыӀэу, мы дунейм къыщытехьэнум ипэр арщ. дэр щхьэкӀэ тхьэмыщкӀэ хъуащ,#8:9 тхьэмыщкӀэ хъуащ – цӀыху щыхъуар арщ. Еплъ Фил. 2:6-8. и тхьэмыщкӀагъэмкӀэ фэ бей фыхъун щхьэкӀэ.
10Ахъшэ зэхуэхьэсын Ӏуэхум сызэреплъыр нывжызоӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы и фӀагъ къывэкӀынущ. Нэгъабэ къыщыщӀэдзауэ мы Ӏуэхур зэревгъэжьам и мызакъуэу, мы Ӏуэхур ищӀэну япэ дыдэ зи гум къэкӀар фэращ. 11Иджы мы Ӏуэхури фыух, фщӀэну фи фӀэщу фызыщӀэкъуар, фи мылъкум теухуауэ гъэзэщӀа хъун щхьэкӀэ. 12ЦӀыхур тэным хуэхьэзырмэ, итынур иӀэм елъытащ, имыӀэм елъытакъым Тхьэм а тыгъэр къабыл зэрищӀыр.
13НэгъуэщӀ цӀыхухэм псынщӀагъуэ яхуэхъуу, фэ гузэвэгъуэм фыхэхуэн хуейуэ аракъым жыхуэсӀэр, атӀэ фэ тӀури фызэхуэдэу фызэдэӀэпыкъун хуейщ. 14Иджырей зэманым фэ къывдэхуэ мылъкум щыщу ахэр зыхуэныкъуэр ефтын хуейщ. ИтӀанэ фэ хуэныкъуэ фыхъумэ, абыхэм къадэхуэ мылъкум щыщу фэ фызыхуэныкъуэр къыватынущ. Фэ тӀури фызэхуэдэнущ абыкӀэ, 15Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу:#8:15 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ 2 Мусэ 16:18.
«Куэд зэхуэзыхьэсам къыдэхуакъым,
мащӀэ зэхуэзыхьэсари хуэныкъуакъым».
Титрэ абы и гъусэхэмрэ
16Тит апхуэдизу къыфхуэгумащӀэ зыщӀа Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ. 17Тит дызэрелъэӀуамкӀэ арэзы хъуа къудейкъым, атӀэ езым и гуапэ дыдэу фи деж нокӀуэ. 18ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэралъигъэӀэсымкӀэ члисэ зэхуэс псори зыщытхъу къуэшыр абы и гъусэу ныдогъакӀуэ. 19Абы нэмыщӀу, Зиусхьэным щӀыхь хуэтщӀын икӀи дызэрыфтегузэвыхьыр зэхывэдгъэщӀыкӀын щхьэкӀэ, фӀы къыздэкӀуэ мы Ӏуэхур длэжь щыхъум, члисэ зэхуэсхэм а къуэшыр къыхахащ ныддэкӀуэну. 20Мы тыгъэшхуэр зэрызетхьэ щӀыкӀэм щхьэкӀэ, цӀыхухэм дызэрамыгъэкъуэншэным дыщӀэкъун хуейщ. 21Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным дежкӀи цӀыхухэм дежкӀи фӀыгъуэ длэжьыным дыхущӀокъу.
22Абы нэмыщӀу, ди къуэшу зи егугъуныгъэшхуэр куэдрэ икӀи лъэныкъуэ ӀэджэкӀи зыгъэщыпкъар адрейхэм я гъусэу ныфхудогъакӀуэ. Иджы куэду къызэрыфщыгугъым щхьэкӀэ нэхъри нэхъ егугъу хъуащ. 23ТиткӀэ фыкъызэупщӀмэ, ар си гъусэу фхуолажьэ. Мы къуэшхэмкӀэ фыкъызэупщӀмэ, ахэр члисэ зэхуэсхэм я лӀыкӀуэу Мэссихь щӀыхь хуэзыщӀхэрщ. 24Аращи, члисэ зэхуэсхэм я пащхьэм фи фӀылъагъуныгъэри фхуэфащэу дызэрыфщытхъури мы къуэшхэм евгъэлъагъу.
Currently Selected:
2 Кор. 8: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017