YouVersion Logo
Search Icon

2 Кор. 9

9
9-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тхьэм фӀыуэ илъагъур игуапэу тэрщ
1Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм яхуедгъэхь дэӀэпыкъуэныгъэм теухуауэ нэзмытхми, хъунут, 2сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи фӀэщу фызэрегугъур сощӀэ. Фэ, Ахаие хэкум исхэр, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фахуэхъуну нэгъабэ лъандэрэ фызэрыхьэзырыр Македоние хэкум щыщхэм яжесӀэри, сыфщытхъуащ. Фэ фызэрегугъум къыхэкӀкӀэ абыхэм я нэхъыбэри дэӀэпыкъуэгъу хъуну тегушхуащ. 3Ауэ мы ӀуэхумкӀэ сызэрыфщытхъуар пщӀэншэ мыхъун, зэрыжысӀам хуэдэуи абы фыхуэхьэзырын щхьэкӀэ, къуэшхэр#9:3 къуэшхэр – Титрэ (8:16-17) нэгъуэщӀхэмрэщ (8:18, 22). фи деж нызогъакӀуэ. 4Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Македоние хэкум щыщхэр си гъусэу накӀуэу, фыхуэмыхьэзыру къыщӀэкӀмэ, дызэрыфщыгугъам щхьэкӀэ дыукӀытэжынущ – фэ фызэрукӀытэжынур къыжытӀэнури хьэкъщ. 5Аращи, къуэшхэр сэ сяпэ фи деж накӀуэу, дыкъызэрывгъэгугъа тыгъэр и пӀалъэм къызэрывгъэхьэзырыным кӀэлъыплъыну селъэӀун хуейуэ къэслъытащ. Хэгъэзыхь тыгъэу щымыту, фи гум къыбгъэдэкӀ тыгъэ хъунщ ар итӀанэ.
6Сэ жыхуэсӀэр мыращ: МащӀэ тезысэм мащӀэщ къихыжынур. Куэд тезысэм куэд къихыжынущ. 7Хэти и гум пыкӀым хуэдизкӀэ иретэ, и гум къыщӀимытхъыу, зыми химыгъэзыхьауэ иретэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ и гуапэу тэрщ Тхьэм фӀыуэ илъагъур. 8Тхьэм гъунэ имыӀэу и нэфӀ ину къыфщыхуэн лъэкӀынущ. Апхуэдэу сыт хуэдэ лъэныкъуэкӀи сыт ищӀыскӀи фэ фызыхуэныкъуэр дапщэщи фиӀэнущ, сыт хуэдэ Ӏуэху дэгъуэм щхьэкӀи вгуэшынум нэхърэ нэхъыбэ фиӀэнущ. 9Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу:#9:9 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 111:9.
«Куэд яхуигуэшащ тхьэмыщкӀэхэм.
И щыпкъагъэр игъащӀэкӀэ щыӀэнущ».
10Жыласэм жылэ езыту, ишхын щӀакхъуи езыт Тхьэм фэри жылэ къывитынурэ фхуигъэбэгъуэнущ. Фи щыпкъагъэм фӀыуэ къыпэкӀуэри игъэбэгъуэнущ. 11Фи мылъкум хэфтыкӀым дапщэщи фемыблэжын щхьэкӀэ Тхьэм сыт и лъэныкъуэкӀи бей фищӀынущ. Фи мылъкум хэфтыкӀынӀауэ фызэрыщымысхьым щхьэкӀэ, а тыгъэр къуэшхэм щаӀэщӀэдгъэхьэкӀэ, цӀыху куэдым Тхьэм фӀыщӀэ хуевгъэщӀынущ.
12Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм зыхуэныкъуэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъум и мызакъуэу, цӀыху куэдми Тхьэм фӀыщӀэшхуэ ину яхувогъэщӀ. 13Къуэшхэм дэӀэпыкъуэгъу фахуэхъуурэ, фи щыпкъагъэр къэвгъэнэхуащ. Аращи, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым щыхьэт фызэрыхуэхъум икӀи фызэредаӀуэм щхьэкӀэ, абыхэм Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀынущ. Абы нэмыщӀ, фи мылъкум фыщымысхьу фи мылъкум абыхэми нэгъуэщӀ цӀыхухэми зэрахуэвгуэшым щхьэкӀэ а къуэшхэм Тхьэм щӀыхь хуащӀынущ. 14Тхьэм и нэфӀ ину къызэрыфщыхуам щхьэкӀэ гухуабагъэ къыфхуаӀэу Тхьэм фхуелъэӀунущ ахэр. 15Тхьэм и тыгъэшхуэу пхуэмыӀуэтэжыну иным#9:15 Тхьэм и тыгъэшхуэу пхуэмыӀуэтэжыну иныр – Тхьэм и Къуэм дымыкӀуэду дыкъызэрыригъэгъэлыр арщ. щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуэдвгъэщӀ.

Currently Selected:

2 Кор. 9: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in